Сакъыныгъэр нэхъыщхьэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэщIэхэмрэ  курорт щIыпIэм щыпсэухэмрэ папщIэ  ирагъэкIуэкIащ   «БгырыпхкIэ тIысыпIэм зытепхэ, уи сабийми хуэсакъ»   Iуэху щхьэпэ.
Урысей МВД-м  Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и автоинспекторхэм рулым дэсхэм гурагъэIуащ  машинэ  кIуэцIым сабийм щыхуэсакъын папщIэ ар зрагъэтIысхьэ шэнтжьей цIыкIум мыхьэнэшхуэ дыдэ зэриIэр. Шынагъуэншагъэр  апхуэдэу елъытащ  къыхаха  Iэмэпсымэр зыхуэдэмрэ тэмэму къызэрагъэсэбэпымрэ.  Гъуэгу плъырхэм къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ  цIыкIухэр  зрагъэтIысхьэ  шэнтжьейр къыщыхахкIэ дэтхэнэ сабийм и инагъми, и хьэлъагъми тращIыхьын зэрыхуейр. 
ЗэIущIэр щиухым автоинспекторхэм  къахуэкIуахэм хуагуэшащ  сакъыныгъэр ягу къэзыгъэкIыж дэфтэрхэр,  сабий къезышэкIхэм  я транспортым кIэрагъэпщIащ «КъыпыгуфIыкI икIи бгырыпхкIэ тIысыпIэм зытепхэ!» жиIэу къызытещхэр.  
БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: