И автомашинэр къытрахащ

Май районым и прокуратурэм диIыгъащ УФ-м и УК-м и 264.1 статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ Л. зэрагъэкъуаншэр. 
ЗэраубзыхуамкIэ, Л. чэфу машинэр зэрызригъакIуэм къыхэкIыу административнэ жэуапым ирашэлIами, абы дерс гуэр къыхихакъым икIи аргуэру фадэ ефауэ рулым дэст. 
Судым Л. къуаншэу къилъытащ икIи сыхьэт 240-кIэ ягъэлэжьэнущ, илъэси 2-кIэ транспорт зригъэкIуэну хуиткъым. 
Абы къыдэкIуэу, суд зытращIыхьам и автомашинэр къытрахащ икIи къэралым ейуэ ятхащ.
Поделиться: