Сом мелуанитIым щIигъу

Сом мелуанитIым щIигъу 

КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ Налшык къалэм фэтэр куэд хъу унэхэр зи нэIэм щIэт и IуэхущIапIитIым я унафэщIхэм я хуитыныгъэхэр къагъэсэбэпу хабзэм зэребэкъуар. 

Полицэм къызэрилъытэмкIэ, IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм электросеть компанием и счетым ягъэхьакъым сом мелуани 2-рэ мин 282-рэ, 2021 гъэм и шыщхьэуIум щыщIэдзауэ 2022 гъэм и дыгъэгъазэр хиубыдэу электрокъарур къэзыгъэсэбэпахэм абы пэкIуэу къратар. 
Фирмэхэм я счетым къэкIуа ахъшэр езыхэр зэрыхуейуэ къагъэсэбэпащ. Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм и Следственнэ IуэхущIапIэм шэч зыхуащIхэм ятеухуа уголовнэ Iуэхухэр къаIэтащ, УФ-м и УК-м и 201-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэм япкъ иткIэ. 

НаркотикхэкIхэр иригъэкIыну яужь итат

Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм наркотикхэкIхэр щэным яужь иту шэч хуащIу яубыдащ илъэс 27-рэ хъу, Къубэ-Тэбэ къуажэм щыпсэур. Абы и машинэр къыщащым къагъуэтащ хьэжа пкъыгъуэ зэрылъ зэкIуэцIылъитху.
Яубыдам зэрыжиIамкIэ, абыхэм ярылът наркотикхэкI, Налшык къалэм щыIэ гъэтIылъыпIэ щэхухэм къыщищтар икIи ахэр къалэм щызэбригъэхыну и мурадт.
Экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, къытрахар «героин» наркотикхэкIщ, грамм 65,9-рэ мэхъу. 
Шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и Следственнэ къудамэм, УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.1 статьям и 4-нэ Iыхьэм и «г» пунктым япкъ иткIэ. 
 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: