«Iуащхьэмахуэм» дыкъыщоджэ

«Iуащхьэмахуэ» журналым­ илъэсым къриубыдэ и ещанэ  къыдэ­кIыгъуэр дунейм къы­техьащ, абы Iэ щIэ­зы­дза псоми ар яIэ­ры­хьа­кIэщ. 

2023 гъэм и накъыгъэ - мэ­къуауэгъуэ мазэхэм хуэзэ къы­дэкIыгъуэм и жьантIэр хуэ­фа­-      щэ дыдэу лъысащ зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа усакIуэ Iэзэ ­Бещтокъуэ Хьэбас. Абы и гуа­щIэм гупсэхуу тепсэлъыхьащ­­ ­филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Хьэв­жокъуэ Людмилэ. «Къу­лы­къурэ сомкIэ сымыусэ, щIэусэр зыщIэр езы псэрщ» зи фIэщыгъэ а тхыгъэ куп­щIафIэм къыкIэлъокIуэ Хьэбас и усэхэр.
«ЖьантIэ» руб­рикэм ап­хуэ-дэуи щIэтщ уса­кIуэ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ щыта Тхьэ­зэплъ Хьэсэн и гъащIэмрэ и гуащIэм- рэ ятеухуа тхыгъэ­хэр. Абы и биографие кIэщIым къыкIэлъокIуэ зэгуэр Хьэсэн хужаIа пса­лъэ ­гуапэхэр, ез­ым и Iэ­дакъэ­щIэкI усэхэр. 
«Прозэ» рубрикэм щIэтщ ­Мэш­бащIэ Исхьэкъ и «Уа­фэб­гыкъу и нэлат» романыр. Япэ номерым къыщыщIэ­дзауэ Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ тыдодзэ а тхыгъэшхуэр, ­Къармэ Iэсият зэри­дзэкIауэ. 
«Iуащхьэмахуэм» и щIэ­джы­кIа­кIуэхэм я псэ дыхьэу зыпэп-лъэ тхыгъэхэм ящыщщ усакIуэ Гугъуэт Заремэ и къалэмыпэм къы­щIэкIахэр. КупщIэ зэраIэм къыдэкIуэу, ахэр бзэ дахэкIэ, шэ­рыуэкIэ, гурыIуэгъуа­фIэкIэ тхащ. 
Багъэтыр Луизэ и публицистикэ тхыгъэщ «Пащтыхь гуа­щэ» зыфIищар. Ар теухуащ Къэбэрдейм и пщы уэлий Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ, абы и щIэ-ныгъэм Куржым и щыхьэру            щыта Мцхетэ зэрыщыхигъэ­хъуам. «Публицистикэ» рубри­-кэм щIэтщ НэщIэпыджэ Замирэ Европэм щыIэ Адыгэ Хасэ­хэм я федерацэм и тхьэмадэ, Германием илъэс 40 хъуауэ щыпсэу хьэрычэты­щIэ Вэрокъуэ Затий дригъэ­кIуэ­кIа интервьюр.  
«Культура» рубрикэм дыкъыщоджэ артисткэ цIэрыIуэ Бжэ­Iумых (Шыбзыхъуэ) Барисэт (Бел­лэ) теухуа тхыгъэм. Абы зи гугъу щыщIахэр щIагъэбыдэжми ярейщ Беллэ и сурэт дахэхэм. 
«Фэеплъ» рубрикэр хухэхащ Мы­къуэжь Анатолэ и щхьэгъусэ пасэу дунейм ехыжам фэеплъ хуи­щIауэ щыта IэдакъэщIэкI­хэм: поэмэ-элегием, усэхэм. 
Гримм зэкъуэшхэм я «Хьэуа­зэр, дэпыр, джэшыр» тау­ры­хъым, Нало Заур адыгэб­зэм ­къригъэтIэсам, «Сабийхэм папщIэ» рубрикэм дыкъыщоджэ. КъыкIэ­лъокIуэ Хьэкъун Барэс-бий и «Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр», Гу­бэщIыкI Владимир и «ЖыIэ­гъуэхэр».
Журналыр зэхуе­щIыж пса­лъэ­жьу зэхэлъ псалъэзэб­лэдзым. 
ИСТЭПАН Залинэ,
«Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретарь.

Поделиться: