ЩIы Iыхьэхэр иратащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и суд приставхэм зэфIагъэувэжащ сабий куэд щапI унагъуэхэм пщIэншэу щIы Iыхьэхэр яIэрыхьэнымкIэ яIэ хуитыныгъэхэр. 
Шэрэдж районым щыщ, сабий куэд щапI унагъуэхэр кIыхьу пэплъащ хабзэм ипкъ иткIэ къратын хуея щIы Iыхьэхэм. Муниципалитетым и прокуратурэм къуажэдэсхэм я цIэкIэ судым зыхуигъэзат, администрацэм унагъуэшхуэхэм щIы етыным теухуа хабзэр игъэзэщIэнуи, ар къыдаIыгъащ, арщхьэкIэ щIы Iыхьэхэр хухахатэкъым. 
Урысей ФССП-м и управленэу КъБР-м щыIэм Шэрэдж районым щиIэ къудамэм, гъэзэщIэн хуейуэ хабзэм къигъэувым теухуа тхылъыр зыIэрыхьам, и суд приставхэр Iуэхум яужь ихьащ. Хабзэм ипкъ иткIэ, суд пристав-гъэзэщIакIуэм суд унафэр Iэмал имыIэу гъэзэщIэн зэрыхуейр зэрыт тхылъыр Iэригъэхьащ къуажэ администрацэм икIи ахэр щыгъуазэ ищIащ суд унафэр уэим ящIмэ, УФ-м и УК-м и 315-нэ статьям ипкъ иткIэ уголовнэ жэуап зэрахьынур. Администрацэм къыхуагъэувахэр игъэзэщIащ. 
 Шэрэдж районым щыщ, сабий куэд щапI унагъуэ 13-м щIы Iыхьэхэр иратащ суд приставхэм я фIыгъэкIэ. 
 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: