Нэхъ егугъунущ

Евразием экономикэмкIэ и комиссэ щхьэхуэм хъыбар псоми зэраригъэщIамкIэ, иджыблагъэ Таможеннэ зэгухьэныгъэм и техникэ регламентым игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иту, Евразием и экономикэ зэгухьэныгъэм хиубыдэ къэралхэм, Урысейри яхэту, къыщыщIагъэкI шоколадхэм, гъэш дагъэ фIэкIа, дяпэкIэ халъхьэу ядэнукъым Iэщхэм я дагъэмрэ шоколадым и мэр нэхъ гуащIэу къыхезыгъэх ароматизаторхэмрэ.
Бадзэуэгъуэм къащта хабзэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ЕАЭС-м хыхьэ къэралхэм щагъэхьэзыр шоколадхэм какао гъущэу процент 35-рэ, какао дагъэу процент 18 хэлъын хуейщ. Iэщым и дагъэр лъэмыIэс къудеймэ, какаом нэхъ ещхьу къалъытэ нэгъуэщI пкъыгъуэхэри къагъэсэбэпыну хуит ящI, ар проценти 5-м фIимышмэ.
Шоколадым е какаом къыхащIыкI адрей ерыскъыгъуэхэм къищынэмыщIауэ, шоколад хужьым халъхьэ шатэпсымрэ шэмрэ я мэр къыхезыгъэх ароматизаторхэри къагъэсэбэпу ядэнукъым. Шоколад плиткэхэм я нэхъыбэм дэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуахэр халъхьэ. Абдежми ар зи кум илъ шоколадым и Iувагъым процент 25-р хуэзэн хуейщ. Абы хиубыдэркъым шоколад зыхалъхьэ щIакхъуэхэкIхэмрэ мороженэхэмрэ.
«Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэ.
Поделиться: