Мэзхэр хъумэн, гъэбэгъуэн

 «Мэзхэр хъумэн» федеральнэ проектым къриубыдэу 2023 гъэм зыхуагъэувыжахэр къанэ щымыIэу щагъэзэщIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым.
«Экология» лъэпкъ проектым хыхьэ «Мэзхэр хъумэн» федеральнэ проектым щыубзыхуа Iуэхухэр гъэзэщIэным федеральнэ бюджетым къыхэкIыу 2023 гъэм хухахащ сом мин 35603,4-рэ. Абыхэм ящыщу сом мин 10114,1-р трагъэкIуэдэнущ мэзхэр щызэфIагъэувэж щIыпIэхэм хэгъэхъуэным.
Проектым и мурад нэхъыщхьэр мэзхэм зегъэубгъунырщ. Илъэсым къриубыдэу гектари 115-м елэжьыну къапэщылъти, гъатхэм жыгхэр щыхасащ гектар 98-м. Бжьыхьэм лэжьыгъэм щыпащэнущ гектар 17-м. 
 Мы проектым хиубыдэу бадзэуэгъэм агротехникэ лэжьыгъэхэр, хасахэр зэрыхэзагъэм, къызэрыкIым теухуауэ, щрагъэкIуэкIащ гектар 775,7-м. Апхуэдэуи, мэзхэм щыхасэну жыгхэр гъэкIыным я нэIэ тетыным ехьэлIауэ илъэсым къызэщIаубыдэн хуей гектари 135-м щыщу 95-м якIэлъыплъащ.

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: