Шынагъуэншэу екIуэкIын папщIэКъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм щызэхэтащ оперативнэ штабым и зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Къэралыгъуэм и махуэр, Къалэм и махуэмрэ щIыналъэм и еджапIэхэм гъэ еджэгъуэщIэр зэраублэжымрэ теухуа зэхыхьэхэр щекIуэкIкIэ хабзэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным. Урысей гвардием и республикэ управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей и унафэм щIэту екIуэкIа зэхуэсым кърихьэлIащ щIыналъэ управленэм и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ, ЩэнхабзэмкIэ, Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ республикэ министерствэхэмрэ Налшык къалэ администрацэмрэ я лIыкIуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:27 →
ЛъэхъуэщкIэ зыми ухуэмыупсэ
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
13.05.2024 - 11:24 →
ЦIыху хахуэхэр
13.05.2024 - 11:20 →
МахуиплI фIэкIа имыIэжу
|