Адыгэ джэгур зэхаублэж

Мы махуэхэм Налшык къалэ дахэу щрагъэкIуэкIащ щIалэгъуалэр куэд щIауэ зыхуэзэша адыгэ джэгу. Коронавирус уз зэрыцIалэм зэрызиуб­гъуам и зэранкIэ пIалъэкIэ зэпагъэ­уауэ щыта мы Iуэхур щIэрыщIэу зэхэ­зыублэжа Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIалэгъуалэ центрым дэIэпыкъуащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ министерствэр. Абыхэм къалэн ­нэ­хъыщхьэу зыхуагъэувыжар адыгэ лъэп­къым и щэнхабзэ бейр ­хъу­мэ­нырщ, егъэфIэкIуэнырщ.

Джэгум щIалэгъуалэр зэрыхуэпIащIэр наIуэ ящIу, щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ пасэу щызэхуэсын щIадзат ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм. Пшынэ макъым къалэр къызэщIигъэуша хуэдэ, цIыхур Iуву щызэхуэсат абы.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ «Япэ итхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм» КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэ Дзэгъащтэ Азэмэтрэ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI МафIэдз Линэрэ. Ахэр теп­сэлъыхьащ джэгум лъэп­къым, цIыху щхьэхуэм я дежкIэ игъэзащIэу щы­та къалэнхэм, нобэрей гъащIэм щиу­быд увыпIэм. 
Хабзэ хъумапIэ, абы и гъэлъэгъуапIэ нэхъыщхьэхэм язт джэгур. Дауи,  нэхъыбэу зыхуэгъэзар зи щIалэгъуэрат. Ар щIэблэр щызэрыцIыху, щызэры­лъагъу, я гухэлъ мурадхэмкIэ щызэ­ры­щIэ щIыпIэт. Пщащэхэм я дахагъэр, Iэдэбагъыр, зыIыгъыкIэр, къафэм щаIэ зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэрт джэгум. КъищынэмыщIауэ, щIагъыбзэ куэдкIэ зэщIэшхат джэгум ещIылIа хабзэхэр, дэтхэнэми езым и къалэнрэ мыхьэнэрэ иIэжу. Пшыхьыр езыгъэкIуэкIхэм абы­хэм ящыщ зыбжанэ къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ. 
ЩIалэгъуалэм къыхузэрагъэпэща Iуэхум хэплъэну, абыхэм псалъэ нахуэкIэ зыхуагъэзэну пшыхьым зыкърагъэхьэлIат КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, жылагъуэ лэжьакIуэ, СССР-м спортымкIэ и мастер Къущхьэ Роберт, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь, «Амикс» гупым я унафэщI Къул Амир, гъуазджэм и лэжьакIуэхэу Шэрыб Валерэ, Къашыргъэхэ Мадинэрэ Мухьэмэдрэ, Шал Хъусен сымэ. 
Нэхъыжьхэр къыщыпсалъэм лъэпкъ къафэхэм я мыхьэнэм, абыхэм къежьапIэ яхуэхъуам, тхыдэм я гугъу ящIа иужь жаIащ, мыпхуэдэ пшыхьхэр щIэх-щIэхыурэ ди щIыналъэм щрагъэкIуэкIыну зэрамурадыр.
Адыгэм джэгу зэхаубла иужькIэ, пшынауэ, бэрэбэнауэ, уэрэджыIакIуэхэр утыкум ирагъэблагъэрти, щIалэхэр абы и сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ, пщащэхэр и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ ­кърагъэувэкIырт. ДжэгуакIуэхэм яхуэзанщIэу джэгум еплъыну хуейхэр къеувэкIырт. Езы джэгури уджкIэ ирашажьэрт. Джэгум и хабзэхэм ящыщт утыкум къихьэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ зэрызэблэкIыр. Къафэр щIа­дзамэ, щэ зэблэкIыгъуэ нэхърэ нэхъыбэрэ теттэкъым. Апхуэдэу, хьэтиякIуэм хуит имы­щIауэ зыри утыкум къихьэртэкъым. Джэгум и хабзэ нэ­хъыщхьэхэм ящыщщ абы екIуалIэхэр хуэфащэу хуэпауэ зэрыщытыпхъэр.
Мы зэхыхьэри хабзэм тету къызэрагъэпэщат. Ди щIыналъэм и артист цIэрыIуэхэу ДыщэкI Артур, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Теунэ Джэмал, Хьэкъун Оксанэрэ Ислъамрэ, Шагъыр Астемыр, Мэстафэ Тимур сымэ къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ.
Джэгум и хьэтиякIуэ къалэныр екIуу ирихьэкIащ Шал Рустам. 
Пшыхьым и кIэухым «Джэгум и гуа­щэ» хахащ, нэхъыфIу къэфа щIалэми саугъэт иратащ, гулъытэншэ ящIакъым пшынауэхэмрэ бэрэбэнауэхэмри.
УджкIэ ирашэжьа бжьыхьэм лъэп­къым фIы къыхудэкIуэну ди гуапэщ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: