Фащэр псоми йокIу

Адыгейм щыщ пщащэ зэчиифIэхэм гукъэкI ­дахэ ящIри, Кавказым и щIыпIэ хэхахэм ящыщ зым ­кIуащ икIи махуэ гукъинэж щагъэкIуащ Къэ­рэшей-Шэрджэсыми и Архъыз бгы лъапэм. 

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр ягу къызэринэжын ­зы зекIуэ ежьэну зэгурыIуа пщащэхэм яхэтт и IэпэIэсагъ­кIэ дунейм фIыуэ къыщацIыху, адыгэ фащэ екIухэр зыд Бэджокъуэ Бэллэ. Абы фащэхэр къыздищтэри, хъыджэбзхэр Iуащхьэ щыгум ­щигъэдэхащ. 
IэпэIэсэм къызэрилъытэмкIэ, фащэр ныбжьыщIэхэмрэ нысащIэхэмрэ я закъуэкъым зэкIури зыщыгъыпхъэри, атIэ сыт хуэдэ ныбжым ит адыгэ бзылъхугъэми екIун фэилъхьэгъуэ пхуэдынущ. 
Апхуэдэ гупсысэр Бэллэ къыдащтэри, ТIэш Светланэ, ХьэщIэмыз Сусанэ, Нэджырокъуэ Саниет, ХьэщIэмыз Айлэ сымэ Архъыз и щIыпIэ дахэм иту сурэт телъыджэхэр зытрагъэхащ. 

Шыпш Даянэ.
Поделиться: