Израилым щыIэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэ дэлъэдапIэм и гъуэгу зэхэкIыпIэм и кум ириубыдэу лъэпкъ дамыгъэм и фэеплъ щагъэуващ. Ар къэзыгупсысар Щоджэн Софиещ. Фэеплъым и теплъэ хъунум щелэжьым, ар иджыри щеджэрт Израиль технологие институтым архитектурэмкIэ и къудамэм. Фэеплъым и проектым щеувалIэм, псом япэу абы адыгэм и тхыдэмрэ лъэпкъ ныпым и мыхьэнэмрэ щIиджыкIыжащ, икIи ухуэныгъэм лъабжьэ хуищIар аращ.
Шабзищыр зэрымыджэлэным хуэдэу зыпэщIэгъэкъуащи, зэкъуэтыныгъэмрэ зэхуэдэныгъэмрэ щIагъыбзэу ящIэлъщ. Абы- хэм я хъуреягъкIэ вагъуэ 12 - адыгэ лъэпкъыр зэрыхъу лIакъуэм хуэдизу - къегъэувэкIащ. Фэеплъыр удзыпцIэм хэту ягъэуващи, ныпым и плъыфэр абыкIэ къагъэлъагъуэ. Езы Щоджэн Софие жеIэ: «Си дежкIэ пщIэшхуэт мы фэеплъым сызэрырагъэлэ- жьар. Ди адыгэ къуажэ дахэм и дыхьэпIэр зи хуэдэ щымыIэщ. Мы фэеплъым къаригъэщIэнущ шэрджэсхэр зыми зэремыщхьымрэ абыхэм я щIэиныр зэрыинымрэ. Дыщогугъ къэкIуэнуми ди лъэпкъ фIыгъуэхэр тхъумэфыну, ди Iуэхухэр ефIэкIуэну»...
Шэрджэсхэм Израилым журтхэм гъуэгу зэрыхухашам теухуауэ зы тхыгъэ гъэщIэгъуэн дрихьэлIащ, Аарон-Берем Шир и IэдакъэщIэкIыу. Кавказ зауэм и кIэуххэм (1860 - 1864 гъэхэм) адыгэ къуажэ щэ бжыгъэхэр ягъэсу абы къелахэр Хэкум икIын хуей щыхъуам, цIыху мелуаным нэблагъэм Уэсмэн къэралыгъуэр щхьэегъэзыпIэ яхуэхъуат. Тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, абыхэм ящыщ куэд къыщыхутат иужькIэ Израилым и щIыналъэ хъуам. Нэхъыбэр къуажищым дэтIысхьат, ауэ иужьым къэнэжар тIу ращ - Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ. Ещанэ жылагъуэр зыхуэзэу щытар иужькIэ къэунэхужа Хадерэ щIыпIэрат - ар шэрджэсхэм ябгынэн хуей хъуащ а зэманым техьэгъуэ узыфэр къыщыунэхури.
XIX лIэщIыгъуэм КъуэкIыпIэ Галилеер (Кфар-Камэ зыхуэзэр) я нэIэм щIэтт бедуинхэм. Уэсмэн правительствэм Iэмал зэхуэмыдэхэр къигъэсэбэпырт и тепщэгъуэр а щIыналъэми щигъэбыдэ-ну. Апхуэдэ зы хэкIыпIэу къигупсысар Алжиррэ нэгъуэщI щIыпIэхэмрэ къиIэпхъукIхэр абдеж зэрызэхигъэтIысхьэнырт Тыркухэм курд зауэлIхэри къигъакIуэрт, бедуинхэр зэхэзехуэн ящIу. АрщхьэкIэ зыри къайхъулIакъым.
Шэрджэсхэращ щытыкIэм зезыгъэхъуэжар. Ахэр зауэ хуэIухуэщIэхэм зэрыхуэIэзэм и фIыгъэкIэ, журт къуажэхэм я гъуэгур а щIыпIэм яхузэIукIащ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр нэхъ нэрылъагъу щыхъуар шэрджэсхэр а щIыпIэм зэритIысхьэрэ илъэс 20 дэкIа нэужьщ. Кфар-Камэ и тхыдэ музейм, 1878 гъэм къызэрагъэпэщам, щIэлъщ а зэманым Израилым и щIым зэрыщыпсэуа щIыкIэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, Кавка- зым и щIым шэрджэсхэр хуиту щитIысыкIыу щытащ, я къуажэхэм щIыпIэшхуэхэр ирагъэубыду. Ауэ Галилее Ищхъэрэм адыгэ-хэм нэгъуэщI ухуэкIэкIэ я жылагъуэр зэкIэщIэсу щаухуащ: унэ блынхэр зэIусэу ящIурэ щIыпIэр къаухъуреихьырт. Апхуэдэу нэхъ тыншт къуажэр бийм ящыпхъумэну. Кфар-Камэ къалъытэ XIX лIэщIыгъуэм и кIэм къыщыщIэдзауэ хъума хъуа щIыналъэ нэхъ телъыджэхэм ящыщщ.
Шэрджэсхэр дэнэ щIыпIэ къыщыхутэми, я IэкIуэлъакIуагъэр асыхьэту IупщI хъууэ щытащ. Джолан тафэм абыхэм къуажэ 13 щаухуат, Иорданием зэпрыкIри, Амман къалэри къызэрагъэпэщат. Ухуэныгъэм, пхъэмрэ гъущIымрэ, щIым елэжьынми ахэр зэрыхуэIэзэр абдежи нэрылъагъу щащIащ.
Кфар-Камэ щIыналъэ мыхьэнэшхуэ игъэзащIэу щытащ Уэсмэн къэралыгъуэм и тетыгъуэми ар щылъэлъэжа зэманми. Къуажэкум а зэманым щхьэл щаухуам хьэжыгъэ щахьэжыну къекIуалIэрт хьэрыпхэри, къумым исхэри, журтхэри. 1948 гъэм екIуэкIа зауэм и зэманым шэрджэсхэр журтхэм якъуэувауэ щытащ, абдеж щегъэжьауи Израилым зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэм адыгэхэр ираджэ.
Я адэжь хэкур зыщамыгъэгъупщэу, лъэпкъ щэнхабзэр яхъумэу Кфар-Камэ дэс адыгэхэр зыхэс къэралым щыпсэухэм IуэхуфI куэдкIэ къахощ. Я анэдэлъхубзэр зэрахъумэм къыдэкIуэу, адыгэхэм ивритри, инджылызыбзэри, хьэрыпыбзэри зэрагъащIэ, языныкъуэхэм тыркубзэмрэ урысыбзэмрэ къагъэIурыщIэ. Иужьрей илъэсхэм шэрджэсхэм папщIэ зэхагъэува программэ щхьэхуэкIэ Израилым щрагъаджэ.
Ислъам диныр зыIыгъ, адыгэ хабзэри зыхъумэ ди лъэпкъэгъухэм журтхэм пщIэ къыхуащI, Израилым зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэми (ЦАХАЛ) нэгъуэщI хабзэхъумэ IэнатIэхэми къулыкъухэр къыщыхуагъэфащэ.
Гу зылъытапхъэ: ООН-м (ЮНВТО) и дунейпсо туризм зэгухьэныгъэм 2022 гъэм етIуанэу иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм Кфар-Камэ къуажэ зыгъэпсэхупIэ нэхъыфIхэм ящыщу къыщалъытащ, апхуэдэуи 2023 гъэм хагъэхьащ зыплъыхьакIуэ уздэкIуэ хъуну щIыпIэхэм. Мы Iуэхур ирагъэкIуэкI къуажэ гъащIэр, абы дэлъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ, цIыхухэм я IэпщIэлъапщIагъэмрэ къадекIуэкI IуэрыIуатэмрэ яхъумэн мурадкIэ. Зэпеуэм къэрал 57-м я щIыпIэу 130-рэ къыщагъэлъэгъуати, зэрыжытIауэ, нэхъ пажэ хъуахэм яхэхуащ Кфар-Камэ. Шэч хэмылъу, ар адыгэхэм я ехъулIэныгъэхэм щыщу тхыдэм къыхэнэну Iуэхугъуэщ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.