Мамыр гъащIэм хэпсэухьу щытыну!

Уэ - адыгэпсэ зыIутым, адыгэ хабзэр зи бзыпхъэм, зи блэкIам щыгъуазэм, зи къэкIуэнум щIэгупсысым, зи анэбзэр адыгэбзэм - фокIадэм и етIощIанэ махуэр уи махуэшхуэщ.

Илъэс епщIанэ хъуауэ Iэтауэ ягъэлъапIэ махуэм дэтхэнэри дыпэплъэу екIуэкIащ, сыт щыгъуи хуэдэу. Дыпоплъэ фIыкIэ, сыту жыпIэмэ дунейпсо тхыдэм хэту адыгэхэм зэпачащ гъуэгуанэшхуэ. А гъуэгуанэр нэпскIэ гъэнщIат. Къапщтэмэ, адыгэхэр итащ мажусий, чыристан динхэм, мамлюк тетыгъуэ иIэу къэралыгъуэ иухуэфащ, Кавказ зауэмрэ ИстамбылакIуэмрэ къызэринэкIащ. Бий мащIэ ди Хэку къимыхьаи! ШыбгъэкIэ драмыхыфмэ - динкIэ дыкъагъапцIэрт, джатэкIэ къытпэмылъэщмэ - IулъхьэкIэ къытпыхьэрт, мащIи дащIырт, дызэкъуачырт, ди пщIэр нэхъ лъахъшэ зэращIыным хущIэкъурт.

КъыдэпIэскIу, къыткIэрыфыщIыхь бийхэм дуней иным дыщракъухьащ. НобэкIэ адыгэхэр къэралыгъуэ куэдым щыпсэуми, я гур адэжь щIыналъэмкIэ щыIэщ. Къуршхэм псы уэрхэр къежэхыу, тафэхэр гъавэ бэвым къикъутэу, бгылъэхэр мэз щхъуантIэмрэ хъупIэмрэ яуфэбгъуауэ, дэнэкIи Iэщ пшэрхэр, шы гуартэхэр щыхъуакIуэхэу, Iуащхьэмахуи фIы нэщэнэу дызэриIэр арагъэнт бийхэр къыщIыттегуплIэр.

Сыт къэхъуами, къэщIами, къэунэхуами адыгэ лъэпкъым къемыхъуапсэ гъуэтыгъуейщ. Сэ сызыщыщ, сыкъызыхэкIа, си лъэбакъуэхэр сызыгъэчу пкъыфIэу гъащIэм сыхэзыгъэхьа лъэпкъым сыт щыгъуи дызолъагъу хахуагъэ, теплъэ екIу, хьэл-щэн, узыгъэгушхуэ къафэхэр, удэзыхьэх уэрэдхэр, нэхъыжь Iумахуэхэр, нэхъыщIэ жыIэдаIуэхэр, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ хъыджэбзхэр, утыку укъизымынэну щIалэфIхэр.

Лъэпкъыр езыгъэфIакIуэу диIэ артистхэр, егъэджакIуэхэр, къэхутакIуэхэр, спортсменхэр, уэрэджыIакIуэхэр хэхъуэ зэпыту солъагъури, абы сегъэгушхуэ. Куэдрэ согупсыс: ярэби, гъащIэм щызекIуэ мыхъумыщIэ куэдыр курых зыхуэхъуа си лъэпкъыр нобэрей зэманым дауи къэса, фIыгъуэм дауи пэджэжыфа? УпщIэ згъэувхэм жэуап яхуэхъур зыщ - адыгагъэщ! Сыхуейщ дэтхэнэ адыгэми дыгъэпс и хуабэ къытепсэу, бгыжь-къуршыжьхэм къаIуэтэж хъыбархэм куэдрэ щIэдэIуу, уафэр и къащхъуэу, щIылъэр и щхъуантIэу, мамыр гъащIэм хэпсэухьу щытыну!

МАХУЭЛI Беслъэн. Къамылыкъуэ къуажэ.
Поделиться: