Хьэсэней гъуэгур къагъэщIэрэщIэжКъэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Вольнэ Аул, Хьэсэней, Джэрпэджэж, Къэщкъэтау жылэхэр зэпызыщIэ гъуэгур мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Абы текIуадэ мылъкур къыхэкIащ республикэм и гъуэгу фондым. Иджыпсту лэжьыгъэхэр щекIуэкI, километри 3,9-рэ зи кIыхьагъ, Хьэсэней Аттоевым и цIэр зезыхьэ уэрамым уахуешэ къуажэм дэт етIуанэ къалэ сымаджэщым, амбулаторэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм, мэжджытым, нэгъуэщIхэми. Гъуэгу лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкIхэм асфальтобетоныр зытралъхьэну щIым и лъабжьэр ягъэбыдэ, гъуэгум, лъэс лъагъуэм ябгъухэр мывэхэмкIэ къагъэтIылъыхь, щIэгъэкъуэнхэр ягъэув. Абы къыдэкIуэу, пшынэкум хуэдэу зэкIуэцIылъ бжьамий хэхахэм щIы тратхъуэ, псыдзэ къыщехкIэ ар зэрылъадэ хабзэ кIэнауэхэр къагъэщIэрэщIэж. ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу гъуэгубгъухэм къэухьхэр щагъэув, зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукI, гъуэгу дамыгъэхэр, светофорхэр ягъэув. Гъуэгу лэжьыгъэхэр мы бжьыхьэм зэфIагъэкIыну траухуащ.
Поделиться:
Читать также:
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
06.05.2024 - 16:09 →
ЦIыхум зезыгъэузэщI
06.05.2024 - 15:22 →
Сом меларди 3,3-рэ хухах
06.05.2024 - 15:17 →
Адыгэбзэр зыгъэшэрыуа тхьэмадэ
|