Iэщэ зиIэхэм ящIэн папщIэУрысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм лицензэ зыт-хуит зыщI и центрым цIыхухэм захуегъазэ Iэщэхэр абы хухэмыха щIыпIэхэм къыщамыгъэсэбэпыну. Фигу къэдгъэкIыжынщи, апхуэдэ хабзэм ебакъуэхэм административнэ жэуап яхь Урысей Федерацэм и законодательствэм ипкъ иткIэ. Хабзэм къызэрыщыхьамкIэ, административнэ къуэдыуэ тралъхьэнкIэ мэхъу сом мин 40-м щыщIэдзауэ мин 50-м нэс, Iэщэмрэ абы и пIатIронхэмрэ къытрахыу, е илъэсрэ ныкъуэм щыщIэдзауэ илъэсищкIэ, Iэщэ къищэхуну икIи ихъумэну, ар зэрихьэну хуит ямыщIу, Iэщэмрэ абы и пIатIронхэмри къытрахыу. Апхуэдэуи а хабзэм ебэкъуа чэф гупым е зы цIыхум ардыдэр къапоплъэ, административнэ къуэдыуэ сом мин 50-м щыщIэдзауэ мини 100-м нэс ирагъэпшыну. БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|