Адыгэ фIэхъусхэр

Адыгэ Iэнэм укъыкIэрыхуауэ уахыхьэмэ, «Сэлам алейкум» жыпIэ хъунукъым, ефэ-ешхэу зэхэс гупыр зэщIумыгъэтэджэн щхьэкIэ. Узыхыхьа гупым елъытауэ, фIэхъус тыкIэхэр щыIэщи, ар нэхъыжьым хубогъазэ, абы жэуап къуетыжри, Iэнэм урегъэблагъэри уотIыс.

Пасэрей адыгэ хабзэмкIэ Iэнэм гуп пэрысу хэт къыщIэмыхьами, зыри тэджу щытакъым. Ар къызыхэкIыр Iэнэр, абы телъ ерыскъым нэхъ лъапIэу къалъытэрти аращ. «Фыкъэмытэдж, Iэнэр нэхъыжьщ», – жаIэрти, къыщIыхьам и фIэхъусыр щысу къаIихырт. «Сэлам алейкум» щIыжамыIэри гурыIуэгъуэщ. Ар диным епха сэлам ехыкIэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщу къалъытэрти, абы и хьэтыркIэ укъэмытэджу хъунутэкъым. Укъэтэджамэ, ерыскъым, узыпэрыс Iэнэм и нэмысыр пкъутэ хуэдэу къикIырт. Сытми, а муслъымэн фIэхъус ехыкIэр адыгэ Iэнэм иджыри къыздэсым езэгъакъым, езэгъыуи къалъытэркъым. Зэрахьэр адыгэ псалъэ шэрыуэхэрщ. Ахэр адыгэ жылагъуэ къэс езыхэм хабзэ яхуэхъужауэ щхьэхуэу яIэщ.

Къэбэрдейм апхуэдэм деж «Гуп махуэ апщий!» щыжаIэ. БжэщхьэIум узэребакъуэу ар жыбоIэри, уи Iэр едзыхауэ ущытщ. «Упсэу апщий, къеблагъэ!» – жаIэнурэ бжьэ къыпхуашиинущ. Гупмахуэбжьэр ибоф е ухофри, бгъуэщIэсым къригъэхъуэжыху уожьэ, итIанэ бжьэр къэзытам иботыж, «Уи бжьэгъуэр кIыхь ухъу!» – жыбоIэри. Абдежым сэламыр щызэфIокI. «Упсэу, къэтIыс», – жаIэри пхуэфащэ тIысыпIэ къуатри узыхагъэтIысхьэ.

Гупмахуэбжьэм и пэ къихуэу фIыщIэрыпсалъэ хьисэпу зыгуэр жаIэ хабзэщ. Къапщтэмэ, Къэбэрдейм мыпхуэдэу щыхабзэщ:

 – Хъуэхъуу жыфIар Тхьэм къабыл ищI!

 – Фи саулыкъущ, фи пщIэм, фи щIыхьым и хьэтыркIэ софэ!

Апхуэдэ псалъэ гуапэ гуэр жумыIэныр емыкIущ. ЗыкъыуамыгъащIэми, ягукIэ къыпхуэхъущIэнкIи мэхъу, щыму вым хуэдэу ефащ, жаIэу.

Лабэдэс къэбэрдейхэм (Хуэдз, Блашэпсынэ, Куэшхьэблэ) апхуэдэм деж я фIэхъус хыкIэр тIэкIу къыщхьэщокI Къэбэрдей ТIуащIэм щекIуэкIыым. «ЗэрывищIасэу апщий!» – жаIэри гупым зыхуагъазэ, зэрыффIэфI дыдэм хуэдэу Тхьэм фыщигъэс, жыхуиIэу. Iэнэм пэрысхэм: «Уэ Тхьэм и щIасэ ухъу, къеблагъэ!» – жаIэ, бжьэ иратри ирагъафIэ, итIанэ ягъэтIыс. Къахыхьар фIыуэ нэхъыжьмэ, фIэхъус къыIраха нэужь, занщIэу ягъэтIысри, щысу зы бжьэ ирагъафэ. Абы зэреджэр «сэламчэтыбжьэщ». Къэбэрдей хьэжрэтхэм «гупмахуэбжьэ» жаIэркъым.

КIахэ лъэныкъуэмкIэ ефэ-ешхэ гупым къыкIэрыхуауэ яхыхьам бжьэ щрамытыр нэхъыбэщ. Пэшым, цIыхухэр щызэхэсым, щIохьэ, гупым захуегъазэри: «Гур хэхъуэу фышх апщий!» – жеIэ. «Уэ къыддэушх апщий, къеблагъэ!» – жаIэри, здэтIысыпхъэм деж ягъэтIыс. Ауэ къухьэпIэмкIэ щыпсэу кIэмыргуейхэм бжьэ хэгъэщхьэхукIа, гупмахуэбжьэм хуэдэу, ират хабзэщ ефэ-ешхэм къахыхьам. Ауэ абы зэреджэр нэгъуэщIущ, «сэламыбжьэ» жаIэ. КъыщIыхьар ямыгъэтIысу, щыту сэламыбжьэр хуашийри ирагъафэ, нэхъыжьмэ, пщIэ зыхуащI гуэру щытмэ, япэщIыкIэ ягъэтIысри, итIанэ бжьэр ират.

Инжыдждэс къэбэрдейхэм ардыдэр хабзэу яхэлъщ, ауэ сэлам хьисэпу зэжраIэ хабзэр нэгъуэщIщ. Мис мыпхуэдэ псалъэхэр зэпадз:

 – Бэ фышх апщий!

 – Укъыддэшхэ апщий, къеблагъэ!

 – Фи Iуэху фIыуэ!

 – УкъыддэфI, къеблагъэ!

ЗэнэIуасэхэу, зэныбжьэгъухэу щытмэ, асыхьэтым къагупсысрэ псалъэ шэрыуэ гуэрхэр зэжраIэнкIэ мэхъу. Хьэжрэт Хьэгъундыкъуейм, псалъэм и хьэтыркIэ, лIыжь уэршэрым яхэмыта гуэр къыщIыхьэрэ: «Фи зэхэс фIыуэ!», – жиIамэ, «Уи къытхэси мыIейуэ!» – жраIэжынкIи мэхъу.

«Iэнэм пэрыкIыу къэзыгъэзэжым сэлам ихрэ-тIэ?» – жаIэу куэд щIоупщIэ. Адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ, ихын хуейкъым. Ауэ къэбэрдей адыгэхэм дежкIэ къыщекIуэкI хабзэщ. «Гуп махуэ апщий!» – жеIэри аргуэру гупмахуэбжьэ иратри иреф е щIэзышэжа щIалэм IэщIагъэувэри ирагъафэ. ИтIанэ ягъэтIысыж. Дзэлыкъуэ псыхъуэм щыпсэухэр апхуэдэбжьэм «хьэгъэбанэкIэ» йоджэ. Псом хуэмыдэу, а псалъэр Бабыгуей (Сэрмакъ) къуажэм дэсхэм зэрахьэ.

Къэбэрдейм зи хъыбар куэдрэ ящI «Мысостей бжьищ», «Къетыкъуей бжьищ» жыхуаIэр КIахэ лъэныкъуэмкIэ щызекIуэркъым. Ауэ беслъэней адыгэхэм а хабзэм ещхьу зыгуэр щыIа хуэдэщ. Беслъэней лIыжьхэр абы зэреджэр «Ныбжьэгъу бжьищщ», дэ Мысостыр хэтми тцIыхуркъым, жаIэ.

Ефэу зэхэс гупым уахыхьэным ипэкIэ хэгъэрей гуэр япэ ибгъэщу я Iуэху зытет зэбгъэщIэн хуейщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зыгуэрым хъуэхъу жиIэу е хъыбар иIуатэу урихьэлIэнкIэ хъунущ. Хъуэхъу зэпыбгъэуи, хъыбарыр зэпыбуди хъунукъым, псалъэр IэщIихащ, жаIэ. Абы зэран ухуэмыхъун папщIэ, занщIэу ущIэмыхьэмэ, зыпIэжьэмэ, нэхъыфIщ, ущIыхьапэу щытми, и псалъэр зэпыбуду гупым сэлам епхыныр емыкIушхуэщ.

Гупыр емыфэми, занщIэу уахэлъадэ хъунукъым. ЗэхэтIысхьауэ зыгуэрым щытепсэлъыхькIэ, ари Iуэхущи, япэщIыкIэ хэгъэрей гуэрым еупщIи щыгъуазэ зыщI е зыкъыумыгъэлъэгъуащэу яхэплъи, я Iуэху зыIут зэгъащIэ. Узэрыхыхьэну щIыкIэри, фIэхъус зэрыпхынур зыхуэдэри абы гурыIуэгъуэ къыпщищIынущ.

Псалъэм папщIэ, Iэнэм шхыни фади темытмэ, абы зэпсалъэу бгъэдэсхэм «УэршэрфIохъу апщий!» – жыпIэу уахыхьэ хъунущ. Ари уи ныбжьэгъуу, фIыуэ пцIыхуу, укъацIыхужу щытмэ.

«Шхыныр телърэ фадэр темытмэ-щэ?» – жаIэу щIэупщIи щыIэщ. Апхуэдэм деж: «Гурыхь Тхьэм фхуищI!» – жыпIэу уахыхьэ хъунущ. Псэлъафэ хъарзынэщ, зехьэн хуейщ. Къэбэрдей хьэжрэтхэм нэгъуэщI жыIэкIи яIэщ: «Еншэу ушх апщий!». Мыри мынэхъыфIмэ, зыкIи нэхъыкIэкъым. ЖыIэгъуитIми урысхэм «Приятного аппетита!» жыхуаIэ мыхьэнэр къокI.

Зытхар БГЪЭЖЬНОКЪУЭ Барэсбийщ,

тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться: