Зыхуейр къыщагъуэт

Иджы хуэдэ бжьыхьэ зэманым къалэхэм я щIыпIэ щхьэхуэхэм уэру цIыхур щызэхуэс бэзэр цIыкIухэр щы­зэхэтщ. Абыхэм хэти къыщелъыхъуэ унагъуэ хадэм къы­щыпача пхъэщхьэмыщхьэ, хэ­ти щIымахуэ шхын гъэтIы­лъыгъэхэр къызыхищIыкIын хадэхэкI къабзэхэр.

 
ЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, абыхэм я хуитыныгъэр зэуэ дакъузауэ щытащ щIэуэ къэунэхуа мэкъумэш IуэхущIапIэ инхэм. ­Гугъу ехьу къуажэдэсхэм я хадэм кърахамрэ я жэмым къыщIаша гъэшымрэ езыхэр зэрыхуейуэ ящэным гугъуехь Iэджэ пыщIат: бэзэрынэм къищынэмыщIауэ, увы­пIэ зимыIэр трагъэтыртэкъым, ар зэбгъэгъуэтынри тын­ш­тэкъым.
Нэгъабэ Iуэхум фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжащ. Иджы цIыху къэс гугъу зыдехьа ерыскъы­хэкIхэр дэнэ дежи щищэну ­хуитщ, къабзагъэ мардэхэм емыбакъуэ закъуэмэ. Фи нэгу къы­щIэвгъэхьэт Ашуровымрэ Неделинымрэ (Искож хьэблэм), Кулиевымрэ Кировымрэ, Головкомрэ Шортэнымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрам зэхэкIыпIэхэм хуэ­зэ, мэ гуакIуэ къызыкIэрих унагъуэ мыIэрысэхэр, кхъужь­хэр, къыпцIэхэр, къэбхэр, хризантемэ гъэгъа Iэрамэшхуэхэр зипэ-зипэкIэ щащэ плIанэпэ бэзэр цIыкIур щымыIэжу - куэ­дым я жагъуэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым. Сыт щхьэкIэ жы­пIэмэ, сату щIапIэхэм узыщримыхьэлIэ куэд къыщыбгъуэтынущ. Абы тетхэм ящэр джэд­къазмэ - яукIа къудейщ, ха­дэхэкIмэ - ущIытешы­ныхьыжын щымыIэу, къыщIачагъащIэщ, нобэ узы­хуейр ямыIэрэ, пщэдей гуфIэжу къыпхуахьынущ…
Мы гъэм Къэрал Думэм къыхилъхьа законопроектыщIэм сату цIыкIуфэкIу зыщIхэм я Iуэхур къатригъэпсынщIащ. Бэзэр цIы­кIухэм къищынэмыщIауэ, ахэр хуитщ автолавкэхэми сату щащIыну. Ауэ языныкъуэ щIыналъэ унафэщIхэм абыхэм жраIэн хуейщ зэгъэбыдылIауэ щытыну щIыпIэхэр. 
Я транспортымкIэ щIыпIэ - щIы­пIэхэр къызэхакIухьурэ сату ящIыну нэхъ къэзыщтэхэми зы­ри япэрыуэжыркъым, къабзагъэ мардэхэр къалъытэ закъуэмэ. Зыгуэр зыщэхэмрэ къэзы­щэ­хухэмрэ езыхэр зэгурыIуэжу ­игъащIэм къокIуэкI. Абы хэлъ­хьэн хуейIауи къысщыхъуркъым, - жиIащ Урысейм и хьэры­чэт­щIакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и уна­фэщI Бунич Сергей.
Абы къыхигъэщащ къалэ, щIы­налъэ къэс япэм щыIа потребкооперацэхэр щызэфIэгъэувэжын зэрыхуейр, цIыху къэс езым и хадэхэкIхэм, пхъэщ­хьэмыщхьэхэм, гъэшым, лым яхуигъэува уасэмкIэ абы­хэм иратын хуэдэу. Иджыпсту къэралыгъуэ куэдыр абы тету мэ­лажьэ. Псом япэ ар зиIар дэрати, тхъумакъым. Ауэ къэсащ ар къэдгъэщIэрэщIэжын щыхуей зэманыр. Езыхэм ящэжмэ нэхъ къэзыщтэхэм санитарнэ тхылъ яIыгъын хуейуэ аращ.
- Потребительскэ кооперацэр зэфIэгъэувэжын папщIэ псом япэу IыхыпIэ щIыпIэхэм пэмы­жыжьэу пхъэщхьэмыщхьэ, ха­дэхэкI хъумапIэхэр къыщы­зэIухын хуейщ. АбыкIэ къэралыр субсидиехэмкIэ къадэIэпыкъуа­мэ, Iуэхур псынщIэу ипэкIэ кIуэ­тэнут, цIыхухэм яфIэфIыпсу щIы IэнэщIрэ хадэу яутIыпщыжар къащтэжынут, и пIэм иувэжынут мэкъумэшхэкIхэмкIэ сату щIын­ри, - жиIащ унафэщIым.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: