Дзыгъуэшхуэхэм я… жэнэт

 НаIуэу зэрыщытщи, дин нэхъыщхьэхэр щы мэхъу: ислъамыр, чристэныр, буддизмэр. АрщхьэкIэ зыIыгъэхэм бжыгъэкIэ абыхэм жыжьэуи ялъэщIэмыхьэми, дунейм фIэщхъуныгъэ зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэу куэдыкIей щыIэщ. Абыхэм я бжыгъэр 200-м фIокI. Языныкъуэхэр, уеблэмэ, телъыджэщ.
Къэтщтэнти, Индием щыIэ Шри Карни Мата тхьэелъэIупIэр. Абы екIуалIэхэм я дежкIэ дзыгъуэшхуэхэм нэхърэ нэхъ лъапIэ псэущхьэ щыIэкъым. А къэралым и щIыпIэ псоми икIыурэ абы кIуэхэм хьэкъыу япхыкIащ зэгуэр лIа я Iыхьлыхэм дзыгъуэшхуэ теплъэ зэрагъуэтар икIи етIуанэ гъащIэр къызэрысу цIыху зэрыхъужынур. Ар зи фIэщ хъу цIыхухэр мыбы къокIуэ  ерыскъы хэплъыхьахэр къыздашэри.
Езы дзыгъуэшхуэхэр мы щIыпIэм щыпащтыхьхэщ. Абыхэм якIэлъоплъ унагъуэ 500-м нэблагъэ зыхыхьэ кастэ лIэужьыгъуэм щыщхэр. ТхьэелъэIупIэм щылажьэхэм зызэрахъуэкI, ауэ мыбы зэпымыууэ щыпсэу языныкъуэ унагъуэхэми уащрихьэлIэнущ.
Езыр етIощIанэ лIэщIыгъуэм къагъэщIэрэщIэжащ и теплъэр иджырей зэманым езэгъыу: пэшхэр нэхъ Iэхуитлъэхуит ящIащ щхьэгъубжэ дахэхэр хагъэуващ. Дэнэ щIыпIэкIи щыфIадзащ щIэтхэм зэракIэлъыплъ камерэхэр.
ЛэжьакIуэхэм тхьэелъэIупIэр зэлъыIуах, тыгъэхэр къыIах, ерыскъыр, тепщэчхэм сыхьэнхэм ирагъэзагъэ. Апхуэдэуи кIэлъоплъхэр яхуеблэгъа зыплъыхьакIуэхэр мыбы щызекIуэ хабзэхэм зэремыбэкъуэным.
ЩIыхьахэм ящыщ гуэр мысакъыу дзыгъуэшхуэ теувэрэ ар лIэмэ, къуэншам псэущхьэр зэрихъуэкIын хуей хъунущ, ауэ дыщэм е дыжьыным къыхэщIыкIауэ дзыгъуэшхуэм къытращIыкIамкIэ. Абы ещхьыркъабзэу зи гугъу тщIы статуэткэхэм яхуэдэхэмкIэ зэрахъуэкI зи пIалъэр къэмысу дунейр зыбгына псэущхьэхэр, псалъэм и хьэтыркIэ, узым илIыкIахэр. ЖытIэнщи, дзыгъуэшхуэхэр куэдрэ сымаджэ мэхъу, ар къызыхэкIри, къэуатышхуэ зыщIэлъ ерыскъыкIэ пэрыхьэту зэрагъашхэрщ. ЩIыхьэхэм IэфIыкIэ куэдыкIей яIыгъщ, ахэращ пшэрыщэ зыщIыр.
Индием и нэгъуэщI тхьэелъэIупIэ куэдми хуэдэу, мыбы вакъэхэр плъыгъыу укъыщIыхьэ хъунукъым: тезыр ткIий дыдэ къыптралъхьэнущ. Языныкъуэхэр пщIантIэми лъэпэдхэмкIэ дэтщ, арщхьэкIэ нэхъыбэм мраморкIэ къищIыкIа лъэгум лъапцIэу тетыну икIи дзыгъуэшхуэхэм къадэхахэм хэувэну нэхъ къащтэ. Мыбы щыплъагъунущ екIуэлIахэр дзыгъуэшхуэхэм ядэшхэу, уеблэмэ, ягъусэу шэ йофэ. АрдыдэмкIэ дзыгъуэшхуэ теплъэ зыгъуэта я Iыхьлы лIахэм яхуэзэ икIи абыхэм фIыщIэ зыхурагъэщI хуэдэщ. ТхьэелъэIупIэхэм я лэжьакIуэхэми екIуалIэхэми быдэу жаIэ а псэущхьэхэм ядэшхахэр зэи сымаджэ мыхъуу. Уеблэмэ, къалъытэ дзыгъуэшхуэм дэшха цIыхум къаруущIэ игъуэту, щыпсэу щIыпIэм игъэзэжа нэужьи сыт хуэдэ Iуэхури къехъулIэу.
СлIожь, фIэщхъуныгъэр фIэщхъуныгъэщ, мыбдеж зыри уэим пщIыну къыщезэгъыркъым.

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: