Зэрыхъум хуэдэу ирагъэкIуэкI

 ГъащIэм и зыужьыныгъэм и нэщэнэщ махуэ къэс щIэуэ къежьэ, цIыхум къигъэсэбэп хьэпшыпхэр.  Апхуэдэ хьэпшыпщ жып телефонри.  НобэкIэ жып телефоныр зимыIэ куэд щыIэкъым.  Жьыи, щIэи, сабии ар зымыIыгъ, абы емыплъ куэд ухуэзэнукъым.  

ЦIыхум и пщIэм и инагъым елъытащ и телефонри.  Зыдэзышейхэм яIыгъ хьэпшыпыр сом минищэ бжыгъэ и уасэщ. ПIыгъым и уасэр абы къехмэ, уцIыху къызэрыгуэкIщ.  Апхуэдэхэр а зыдэзышейхэм яIыгъым дыхудоплъейри дыщысщ.  
Пэжщ, телефоным сэбэпынагъ куэди бгъэдэлъщ. АтIэми абы пэшачэ Iейри мащIэкъым.  ЗэманкIэ узэIэбэкIыжрэ телефоныр апхуэдэу къыщамыгъэсэбэпу щытам бгъэзэжмэ, хъыбарегъащIэр цIыху щхьэхуэм и къалэнт.  ИджыкIэ а къалэныр зыгъэзащIэр телефонырщ.  Шэч хэмылъу, щыхьэти къыумылъыхъуэу, тыншщ цIыхум телефонкIэ хъыбар ебгъэщIэну.  Ауэ абы къытхуихьа мыхъумыщIагъэхэм ящыщщ цIыхум и пщIэр лъахъшэ зэрыхъур.  
Ар дауэ? Абы и дауэращи, пасэм хъыбар зрагъащIэм деж цIыху щхьэхуэ ягъакIуэрт.  Абы къигъэлъагъуэу щытащ а здагъэкIуам пщIэ зэрыхуащIыр, хабзэ зэрыкIэлъызэрахьэр.  Апхуэдэу пщIэкIэ ирагъэблагъэ цIыхур езыгъэблагъэм деж къэмыкIуэу къанэу щытакъым.  ИджыкIэ апхуэдэу щыткъым.  Я нэфI къыпщыхуамэ, къыпхуащIу макъкIэ къыбжаIэнщ, гуэдзэнхэм, гуэлъхьэнхэм уащыщмэ, телефонымкIэ тха тхыгъэ мащIэр къыпхуагъэхьынщ.  Абы емыджауэ, емыплъауэ жызыIэхэр щыIэщи, ирехъу ар гуфIэгъуэ е гузэвэгъуэ - цIыхухэм я зэхущытыкIэр нэхъ щIыIэ мэхъу.  
Нэхъ щIалэу сыщыщытам, си адэ-анэм я деж цIыху щхьэхуэ къахуэкIуэурэ Iуэхугъуэ гуэр щхьэкIэ хъыбар кърагъэщIамэ, ар къэзыгъэкIуам щхьэкIэ жаIэу щытащ: «Абы хъыбар къыдигъэщIащ, цIыху къигъэкIуащ, пщIэ хуэщIыжын хуейщ...» Иджы хэгъэзыхь щыIэкъым, зэрыхъум хуэдэу ирагъэкIуэкI.

 

ЛIэщIыгъуэм и нэщэнэхэр

ГъэщIэгъуэныр аращи, фIыгъуэ, дахагъэ, хъыбар гуапэ куэд зэхэтхыжыркъым.  ТелевизоркIэ къатми, газетхэм иратхэми, интернетым къытхуихьми, зэхэтх куэдыр гум щIыхьэу, узыгъэгузавэу, узыгъэхыщIэу щытщ.  ЦIыху укIыным, дыгъуэным, фыщIэным, пцIым, сомым я зэману арагъэнущ ди лIэщIыгъуэр.  ЦIэрыIуэ хъур фадафэрщ, мылъкущIэкъурщ, IукIейрщ.  
Телефоныр къеуамэ, зыфI дигу къэкIыркъым, гъунэгъу къэджакIэ бжэр куэдым яхуIутхыркъым.  ЩIалэгъуалэм, и нэхъыбапIэкIэ, гъуазэу яIэр зызэкIэщIэзыш, зызэблэзыш, мыгъасэ цIыхухэрщ.  Нэхъыжьхэм я ныбжьэгъу пэжыр зи жып хуабэрщ.  Анэм и быныр хыфIедзэ, Iумпэм ещIыф, зи ныбжь хэкIуэта анэр бынми зэрамыпэс. 
 Узыгъэгупсысэ зэманщ...  Дауэ дыхъуну пIэрэ адэкIэ? Сытхэр ди дуней? Ди гъатхэм и гъагъэр бжьыхьэ пщIащэу щхьэ пылъэлъыжрэ? Сыт ди напэр щIэкIуэдыр? Сытхэр ди гъуазэ, хэтхэр ди щапхъэ?

ЦIыхухэ, фызэпсалъэ!

ЖаIэр пэжмэ, мы дызэрекIуэкIым хуэдэу депIэщIэкIмэ, цIыхур цIыху хуэмеиж хъунущ.  Дунейпсо бэджыхъымрэ хьэпшып телъыджэу къежьэхэмрэ дыдихьэхыурэ, жыжьэм къыщыщIэдзауэ ди адэжьхэм кьытхуагъэна адыгагъэми кIэух игъуэтынущ.  Жып телефоным зи гуащIи гъащIи езыпха дэ тщогъупщэ цIыхухэм псалъэмакъ зэрыдегъэкIуэкIыпхъэ, зэрыдэуэршэрыпхъэ, жьабзэм зэман зэрыхухэхыпхъэ мардэхэр.  
ЖыпIэнурамэ, зэбгъурыситIым нэхъ къащтэ мыпсалъэу зэхуэтхэмэ.  Тхэным зыри Iей хэслъагъуэркъым.  Тхэ урикъухукIэ! Ауэ а тхэм я Iыхьэ 80-90-м я тхэкIэр пэжу, жыпхъэ псори ящIэу, пэжырытхэм езыхэр я курыкупсу къащохъуж.  Нэхъ телъыджэжыр аращи, пэжырытхэм хуеджа, абы ирилажьэ цIыхухэм пэщIэщIэгъу зыхуащI.  КъищынэмыщIауэ, мыпхуэдэ цIыхухэм утыкум ирахьа псалъэхэр зэратхар адрейхэм пэж ящохъури, мис абдежщ «IэшрыI» псалъэм и мыхьэнэр наIуэ щыхъур. 
 Иджыблагъэ зы уэрэджыIакIуэ гуэрым и уэрэд интернетым кърилъхьащ.  Сэ зым фIэкIа зы цIыхум хуитхагъэнкъым абы псалъэ мыдахэ.  Щхьэусыгъуэ хуэхъуари уэрэдым хуищIа фIэщыгъэм и тхыкIэр аращ.  «ЛъЭгъуныгъэ» псалъэм мыр и тхыкIэ ищIати, хуэстхащ и пэжырытхэр: лъАгъуныгъэ.  Зыхуэстхам жэуап къызитыжам, кIэухыр къысхуигъэкIуащ: «Сэ ар апхуэдэу солъагъу!» 
Уей, сэри си пщIыхьэпIэхэм дыщэм сыщыхэсым, ауэ...  Дызэрыхуейуэ псалъэр ттхырэ пэжырытхэр IэщIыб тщIымэ, сыт дыщIеджапхъэри, дерсхэр щIызэдгъащIэри...  
МыдэкIэ жьабзэм деж къэзгъэзэжынщ. Ухуейми, тхылъипщI тхы, урысыбзэкIэ стхынщи, сообщенэ мин цIыхум хуегъэхь, жьэм жиIам цIыхум хилъхьэ къарум хуэдэ бгъуэтынкъым. ФIыуэ зэрылъагъухэм я гухэлъ IэфIыщэхэр смайликкIэ къагъэлъагъуэ, къаIуэтэф.  ЩIалэм пщащэм гу смайликыр къыхуигъэхьамэ, дунейр пкIэгъуитI хуэхъуркъым.  Пщащэм щауэм зи гугъу сщIым пэхъун смайликыр хуригъэдзыжамэ, абы нэхъ дахэрэ нэхъыфIрэ щыIэкъым.  
КъызгуроIуэ: нобэрей зэманым цIыхум жиIэ, къипсэлъ, итх дэтхэнэ зыри кIэщIу, зэщIэузэдарэ и къежьапIэр и кIэухыу щытын хуейщ.  Ауэ, тобэ, фыпсалъэ, цIыхухэ! Фызэпсалъэ, фызэдэуэршэр!

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: