ЩIыналъэм ахъшэу иIэнур ягъэбелджылы

КъБР-м и Парламентым и комитетхэм мы зэманым щыхоплъэ «КъБР-м и бюджетыр 2024 гъэм, 2025-2026 гъэхэм ятещIы­хьауэ» КъБР-м и законым и проектым. 

Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм Законодательст­вэм­рэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ, Жылагъуэ шынагъуэншагъэм­рэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ, Къэп­щытэныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетхэм зэгъусэу ирагъэ­кIуэкIа зэIущIэм къыщытеувыIащ НДФЛ-м, цIыхубэр хъумэнымкIэ Iуэхухэм хухах мылъкум, бюджет IэнатIэ Iутхэм я улахуэм.
ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэ­нымкIэ, Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ комитетхэм я зэIущIэм щедэIуащ налог хэхъуэхэр къэкIуэну илъэсищым зыхуэдэнум. Апхуэдэуи къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ узыфэ хьэлъэ зыпкърыт цIыху­хэм хущхъуэ зэрыратымрэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ зэрызыщIагъа­къуэмрэ ехьэлIа Iуэхухэм, респуб­ликэм физическэ щэнхабзэмрэ туризмэмрэ зэрызыщрагъэу­жьым, бюджет IэнатIэ пэрытхэм я улахуэм зэрыхухагъэхъуэну Iэмалхэм.
ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ комитетхэм хэт­хэм гулъытэ хэха хуащIащ сабий зеиншэхэм унэ зэрыратынум, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэ­хэм­рэ къахьым зэрыхухагъэхъуэну щIыкIэм. Апхуэдэуи депутатхэр тепсэлъыхьащ школ тхылъхэм текIуадэ ахъшэм, КъБР-м «Ин­фор­маци­онное общество» и къэ­рал программэм хыхьэ Iуэху­гъуэхэр зэрагъэзащIэм, КъБР-м и щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ управленэм хухах бюджет ахъшэм зэрыхагъэхъуэну щIы­кIэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академиемрэ зэгъусэу ира­гъэкIуэкI Iуэхум и ещанэ ­Iы­хьэр 2024 гъэм зэрагъэзэщIэнум.
ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмрэ хьэрычэт IуэхухэмкIэ, Мэкъу­мэш IэнатIэмкIэ, щIыуэп­сыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ комитетхэм я зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ­хьэ­рычэт Iуэху мыинымрэ куры­тым­рэ къэ­ралыр зэрадэIэпы­къум, уэм­ пэ­щIэтынымкIэ Iуэху­хэм ­ху­хах ахъ­шэр зыхуэдизынум, мэкъу­мэш техникэхэр щIэкIэ зэ­рызэрахъуэкIынум.
ЩэкIуэгъуэм и 9-м Про­мыш­лен­ностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ, УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-комму­наль­нэ, гъэсыныпхъэ-энергетикэ IэнатIэмкIэ комитетхэр хэплъащ республикэм и дэфтэр нэхъыщхьэм. ЗэIущIэхэм къыщащ­та унафэхэр иратащ КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ ахъшэ Iуэху­хэмкIэ и комитетым. Абыхэм къыщагъэлъэгъуахэр къалъытэнущ респуб­ликэм и бюджетыр къыщащтэ­кIэ. 
ЗэрытращIыхьымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетым теухуа законым и едэIуэныгъэхэр щэкIуэгъуэм и 21-м екIуэкIынущ. ЩэкIуэгъуэм и 30-м депутатхэр хэплъэнущ дэфтэрым и япэ еджэгъуэм.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: