Iэщ щхьэ бжыгъэм хохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм щаIыгъ былымымрэ джэдкъазымрэ я бжыгъэм хэ­хъуащ 2023 гъэм и япэ мазибгъум. 

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыб­лагъэ къызэритамкIэ, республикэм Iэщышхуэм процент 0,3-кIэ, абы щыщу жэ­мым процент 1,3-кIэ щыхэ­хъуащ. Щхьэ бжыгъэкIэ къапщтэмэ, Iэщышхуэр мин 272,1-рэ мэхъу, абы щыщу жэмыр – мин 137,1-рэ. 
Мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм зэхэту джэдкъазу яIэр мини 4,2-рэ мэхъу. Нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар проценти 9-кIэ нэхъыбэщ. 
Мэлымрэ бжэнымрэ я щхьэ бжыгъэр нэгъабэрейм хуэдизщ – 2022 гъэм зэрыщыта мин 415-м нэблагъэщ мы гъэми яIэр. 
Былымрэ джэдкъазу республикэм щагъэхъум и процент 71,7-р унагъуэхэм ща­Iыгъщ: жэмхэм я процент 69-р, мэл-бжэнхэм я процент 48,6-р, джэдкъазым я процент 42,2-р къуажэдэсхэм зэрахьэ. 

Батокъуэ Албэч.
Поделиться: