НэхъыфIхэм хабжэ

Къэрэшей-Шэрджэсым футболыр фIыуэ зылъагъуу исхэр зыщыгуфIыкIа зы Iуэхугъуэ къадэхъуащ иджыблагъэ. Ахэр илъэс 20 хъуауэ зыщIэхъуэпсар - республикэм футболымкIэ профессиональнэ командэ иIэныр - хэгъэгум и Iэтащхьэм и фIыгъэкIэ къагъэщIэрэщIэжащ. 

Апхуэдэ дзыхь зрагъэза щIалэхэм, Абидокъуэ Вадим зи ­пашэхэм (командэм и капитанщ), хуабжьу жэуаплыныгъэшхуэ яхэлъу къыщIэкIащ икIи зэрыхьэ утыкухэм пашэныгъэ щызыIэ­рагъэхьэу апхуэдэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, 2023 гъэм накъыгъэм и 31-м республикэм и стадионым III дивизионым Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэр къызэщIэзыубыдэ чемпионатыр къыщызэIуахауэ щытащ. А махуэм Къэрэшей-Шэрджэсым и «Нарт» командэр Каспийск къикIа «УОР-Дагъыстаным» 4:2-уэ текIуащ. Абдеж къыщыщIидзащ «Нартым» и ехъулIэныгъэр, футбол командэ 16 щызэпэщIэта чемпионатым и кIэух джэгугъуэм ­нэсащ КъШР-м и командэр икIи щыджэгуащ. Абы кърикIуащ «Нартыр» етIуанэ лигэм щыджэгуну Iэмал зэригъуэтар. 
Иджы аргуэру зы гуфIэгъуэ хъыбар къаIэрыхьащ футболыр фIыуэ зылъагъухэм. ФутболымкIэ урысейпсо зэпеуэ иным иджыблагъэ 2-нэ увыпIэр къыщихьащ Абидокъуэм и командэм. ­КъищынэмыщIауэ, чемпионатым и джэгуакIуэ нэхъыфI хъуари, бомбардир нэхъыщхьэу абы хэтари (голиплI дигъэкIащ) Абидокъуэ Вадимщ. Чемпионатым и гъуащхьэтет нэхъыфIу къалъытащ а командэм щыщ Дьяченкэ Александр. 
НэщIэпыджэ  Замирэ.

Поделиться:

Читать также: