Куэд щIауэ, дызэрыщыгъуазэщи, Аруан щIыналъэм хиубыдэ Псынабэ къуажэр лажьэ- шхэжу къэгъуэгурыкIуэ адыгэ жылэщ. Иджыблагъэ дыщыIащ абы икIи и нобэрей теплъэмрэ цIыхухэм я зэхэтыкIэмрэ гурыхь тщыхъуащ. Щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Псынабэм я къуажэ унафэщI Балъкъэр Хьэжмурат я IуэхущIафэм теухуауэ къыджиIахэм. Пэублэу абы кIэщIу щыгъуазэ дыхуищIащ къуажэдэсхэм я бжыгъэмрэ псэукIэмрэ.
- Къуажэм унагъуэ 400 дэсщ. ЦIыху бжыгъэкIэ 1742-рэ дохъу. Мы жылагъуэр Къуэжьыкъуейм къыдэкIри, мыбдеж къыщытIысауэ щытар 1928 гъэрщ. Абы лъандэрэ къуажэм зиужь зэпыту дыкъокIуэкI, нэхъыжьыфIхэр диIэу, я щапхъэм дытету.
- Хьэжмурат, лъэпкъкIэ къапщтэмэ, дауи, и нэхъыбэр адыгэу къыщIэкIынщ.
- Къуажэм, адыгэхэм къищынэмыщIауэ, тырку мымащIэу щыпсэууэ щытати, хуэм-хуэмурэ дэIэпхъукIахэщ, нобэкIэ унагъуитI дэсыжу аращ, адрейхэр псори ди лъэпкъэгъущ.
- ЦIыхухэр гукъеуэншэу псэун папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ тэмэму къызэгъэпэщауэ щытын хуейщ. Унагъуэхэм, дызэрыщыгъуазэмкIэ, токымрэ газымрэ ягъуэт. Псынабэ фIэщыгъэр щызефхьэкIэ, псыми хущыщIэ хъункъым. Фи Iуэху дауэ щыт абы теухуауэ?
- Ди псэукIэр къызэгъэпэща зэрыхъум теухуауэ зэIущIэ ди районым щыщекIуэкIхэм деж, псыр тыншу, зэпымыууэ зыIэрымыхьэхэр щытхьэусыхэкIэ, сэ зыри жызмыIэу сыщысщ, апхуэдэ гукъеуэ диIэкъыми. Гъэмахуэм деж цIыхухэр нэхъыбэу псым хуэныкъуэн хуей мэхъури, пIалъэ кIэщIкIэ щахуримыкъуи щыIэщ. Ауэ гукъеуэ къызыхэкI щыщIэныгъэ къэхъуркъым. ПсынщIэу псори дожэри, псыр яIэрыдогъэхьэж.
- ИтIанэ, къуажэдэсхэм я Iуэху тэмэму къызэгъэпэща хъун папщIэ ЩэнхабзэмкIэ унэ дэтын, амбулаторэ иIэн, нэгъуэщI IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуейщ. Дауэ щыт фи Iуэху абы теухуауэ?
- Ди амбулаторэр жьы хъуащ. ЩIэуэ тхуаухуэну дыкъагъэгугъащи, дыпоплъэ. ЩэнхабзэмкIэ унэ диIэщ. Абы щIэблэм хуэунэтIа лэжьыгъэ мымащIэ щокIуэкI. Абы и лъэныкъуэкIэ Аруан куейм бжьыпэр щыдмыIыгъмэ, ещанэ увыпIэм дыщыту къыщIэкIынщ. 2016 гъэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащи, езы унэр ныкъусаныгъэншэщ.
- Къуажэдэсхэм я ефIэкIуэныгъэр щIым зэрытелэжьыхь щIыкIэрщ нэхъыбэу зэлъытар. Дауэ къызэгъэпэща хъурэ ар?
- Аукцион зэпеуэныгъэкIэ щIыр щыдгуэшкIэ мыарэзыныгъэ мымащIи къешэ. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм апхуэдэ къахокI. Сыту жыпIэмэ, лэжьэну хуейуэ, ауэ сом зыхуэныкъуэнур ябгъэдэмылъу, апхуэдэ лъэкIыныгъэ ямыIэу щыIэщ куэд. Лэжьэну гукъыдэж зимыIэ къуажэм дэскъым. Хьэулей, зи щхьэ зымыпIыжыф зыри диIэкъым, мащIэ-куэдми псори IэнатIэ гуэр пэрытщ.
- Губгъуэм щIы зыщылъымысахэр я унагъуэ хадэм илэжьыхь хъунщ, дауи, хуабэщым хадэхэкIхэр къыщагъэхъуу къыщIэкIынщ. Сыт нэхъ зэлэжьхэр?
- Къэхъун къуажэрат апхуэдэ лэжьыгъэмкIэ япэ итри, датемыжамэ, зыкIи дакъыкIэрыхуркъым. Хуабэщышхуэхэр яIэщи, я къарукIэ хъарзынэу зэрахьэж. Унагъуэхэм сыдыхьэмэ, солъагъу зы гъэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм хагъахъуэу лэжьыгъэфI зэрызэфIагъэкIыр.
- ИтIанэ, къуажэхэр си лэжьыгъэм теухуауэ кIэщI-кIэщIурэ къызэхэскIухьын хуей мэхъури, иджыпсту тIэкIу нэхъыфI хъуащ, ауэ гу лъызотэ щIалэгъуалэр, лэжьыгъэ ямыгъуэту жаIэу, уэрамыщхьэм Iуэхуншэу зэрытесым, цIыхухэм пхъэнкIийр адэкIэ-мыдэкIэ зэрыщракIутым. Фэ апхуэдэ гукъеуэ фимыIэу жыпIэ хъуну?
- Улъыхъуэмэ, апхуэдэ зыгуэрым ди дежи ущыIууэнкIэ хъунщ. ПхъэнкIий зыгуэрым губгъуэм, псыхъуэм щрикIутауэ цIыхухэм гу лъатамэ дызэрощIэри, доущий, ар жылэм зэрамыдэнур, зэрымыхъумыщIагъэр къыгурыдогъаIуэ, догъэукIытэ. Ар зи Iэужьыр къытхуэмыщIэмэ, дэ езым Iудохыж. Ипэ зэманхэм елъытауэ, икъукIэ нэхъ къабзэлъабзэ хъуащ цIыхухэр. Мэзхэми псыхъуэхэми цIыхум зыщагъэпсэхуамэ, я фIейр къагъанэркъым. Иджыри абы хуэунэтIауэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зэпыдгъэуркъым. ПхъэнкIий идзапIэхэр уэрамхэм тетщ, абы къищынэмыщIауэ, тхьэмахуэ къэс къакIуэурэ къэпхэм илъу машинэкIэ даш.
- Фи цIыхухэр нэхъыбэу зэлэжьыр хадэхэкIырщ. Iэщ гъэхъуным пэрытхэри фиIэ? ХъупIэкIэ дауэ фыхъурэ?
- ИпэIуэкIэ, ветеринарыр ди гъусэу, Iэщ щхьэ бжыгъэр къэдбжати, зэрыдгъэщIэгъуащи, щитIым нэс мы къуажэ цIыкIум дэсхэм яIэщ. Гектар 300-м нэс хъупIэу диIэщ. Ар мащIэкъым. Бжэнуи мэлуи ягъэхъур мащIэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, ди хъупIэхэр нэщI хъуркъым.
- ИтIанэ, къэралым унафэ къыщащтауэ щытащ, балигъыпIэм имыувауэ бынищ е нэхъыбэ зиIэхэм щIы хупачын хуейуэ. Абы и лъэныкъуэкIэ фи Iуэху дауэ щыт?
- АбыкIэ ди Iуэху зытетым си щхьэкIэ срогуфIэ. Апхуэдэ унагъуэхэм еттын щIыи диIэщ. ЩIалэгъуалэм, апхуэдэу унагъуэ хъуахэу зыкъытхуэзыгъазэхэм я лъэIур яхудогъэзащIэ. ИтIанэ, ипэм щыгъуэ школым и япэ классу зы фIэкIа димыIамэ, иджы тIукIэ нэхъыбэ хъуащ. Ар унагъуэщIэхэм ягъуэт хъуа дэIэпыкъуныгъэм и фIыщIэщ. Унэ здращIыхьын зылъысыпхъэхэм яIэрохьэ, ауэ тхуетыр сотыхипщIщи, ар ди гум къоуэ. Дэ ди цIыхухэм щIым и инагъыр къызэрапщыр хадэхэкI къыщагъэкIыну хуабапIэм и бжыгъэращи, тхуетыр тфIэмащIэщ.
- Хьэжмурат, уи стIолыщхьэм фи къужэм теухуа тхылъ дахэ телъщ. Апхуэдэ лэжьыгъэ куэдым къахудэгъэкIыркъым. Фэ дауэ фхузэфIэкIа? Хэт зи фIыщIэ хэлъыр?
- Мы тхылъыр ди къуажэм дэс Хьэкъун Тимур и фIыщIэкIэ дунейм къытехьащ. Абы и мызакъуэу, къуажэ администрацэм и унэ мы дызыщIэсри абы и мылъкукIэ тхуигъэщIэрэщIащ. Апхуэдэ куэдкIэ ар сэбэп къытхуохъу.
- Дауэ щымытами, гуныкъуэгъуэ гуэр зимыIэ щыIэкъым, сыт нобэкIэ нэхъ ухэзыгъаплъэр?
- Япэрауэ, нэхъыфI дымыщIа, асфальт зытедмылъхьа гъуэгу куэд димыIэжми, зыхуей хуэдмыгъэзэфахэр иджыри щыIэщ. ИтIанэ, щIымахуэ лъэхъэнэ цIыхур нэхъ газ щыхуэныкъуэм ирихьэлIэу ар нэхъ мащIэ мэхъури, ар дигу къоуэ. Ауэ, ари тэмэм тхуащIыну дыкъэгъэгугъащи, фIым дыщогугъ.
Псынабэ къуажэм и унафэщI Балъкъэр Хьэжмурат депсэлъа иужь жылэр и машинэмкIэ къызэхэджыхьащ икIи къыджиIахэм егъэлеиныгъэ зэрыхэмылъыр хьэкъыу тпхыкIащ.
АдэкIи я Iуэху ефIэкIуэну, ди гуапэу дохъуэхъу Псынабэ дэсхэм!
МЫЗ Ахьмэд.