ЕрыскъыхэкIыу ящэм хохъуэ

Нэхъапэм ди къэралым къыщымыхъуауэ, иужьрей илъэсиблым фадэрэ фадэхэкIыу нэхърэ ерыскъыхэкIыу ящэр нэхъыбэ хъуащ.

Псалъэм папщIэ, дызэрыт илъэсым и япэ мазипщIым къриубыдэу ерыскъыуэ ящэм и куэдагъым хэхъуащ проценти 3,8-кIэ. А лъэхъэнэм хуэзэу фадэу, фадэхэкIыу зэрагъэкIуэкIар нэхъыбэ зэрыхъуар проценти 3,3-кIэщ. ФадэхэкIыр щынэхъыбар 2016 гъэращ.

ЦIыхухэр махуэ къэс зыщIэупщIэхэмкIэ сату зыщI компаниехэм ядэлэжьэнымкIэ къэралзэхуаку IуэхущIапIэм и унафэщI Нысановэ Салтанат иджыблагъэ зэрыжиIамкIэ, шхынхэкIхэр нэхъыбэу ящэху щIэхъуар ерыскъыпхъэхэмкIэ сату щIыным ехьэлIауэ инфляцэр зэрыцIыкIурщ. Абы къыдэкIуэу, тыкуэнхэм щащэ ерыскъыхэкIхэм лIэужьыгъуэщIэ куэд къахыхьащ. Псалъэм папщIэ, IэфIыкIэхэм, псыхэкIхэм, шеймрэ кофемрэ, нэгъуэщIхэми.

Фадэрэ сырэу ящэм и куэдагъым щIыкIэрыхур абыхэм ефэхэм я бжыгъэм гъэ къэс зэрыхэщIырщ. Абыхэм я уасэр зэрыдэкIуейм и мызакъуэу, зы узыншагъэм кIэлъыплъыжхэр, спортым дыхьэххэр нэхъыбэ хъуащ, зэрыт диным къызэремызэгъым къыхэкIыу ахэр Iумпэм зыщIхэри мащIэкъым.

Къыхэдгъэщынщи, фадэхэкIым щыщу нэхъыбэу ящэхур аркъэмрэ сырэмрэщ, абыхэм зэгъусэу процент 90-р яубыд. Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ, аркъэуэ ящам и куэдагъым зы процент кIэрыхуащ, япэрей гъэхэм елъытауэ, ауэ сырэм хэхъуащ процент ныкъуэкIэ. ХэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, сырэм щIэупщIэр нэхъ мащIэ хъууэрэ макIуэ икIи ар къыщIэзыгъэкIхэм щытыкIэм зэрызрагъэхъуэжын хэкIыпIэ зэкIэ къахуэгъуэтыркъым.

БЭВЫКЪУЭ Албэч.
Поделиться:

Читать также: