Дунейпсо зэпеуэм къыщыхожаныкIАзербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы кърихьэлIащ къэрал 18-м я спортсмен 222-рэ, абыхэм ящыщу 176-р цIыхухъуу, 46-р цIыхубзу. Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, зэхьэзэхуэм и япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ БищIо Тимур бэнэкIэ хуитымкIэ домбеякъ медаль къихьащ. КIэух зэпеуэм нэсын папщIэ ар IущIат хэгъэрей бэнакIуэ Байрамов Турани, ар къытекIуащ. Адыгэ щIалэр щыбанэр килограмм 74-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ, и тренерхэр ЗэкIуий Арсенрэ Iэщнокъуэ Мухьэмэдрэщ. Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я 36-нэ дунейпсо чемпионатыр йокIуэкI «Спортыр ди ныбжьэгъущ» къыхуеджэныгъэм щIэту. АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:
Читать также:
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
06.05.2024 - 16:09 →
ЦIыхум зезыгъэузэщI
06.05.2024 - 15:22 →
Сом меларди 3,3-рэ хухах
06.05.2024 - 15:17 →
Адыгэбзэр зыгъэшэрыуа тхьэмадэ
|