ЩIыхуэр ирагъэпшыныж«Кавказ Ищхъэрэм и Урысей сетхэр» зэгухьэныгъэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэхэмрэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ и IуэхущIапIэхэм псы щIыIэу, псы хуабэу, электрокъарууэ къагъэсэбэпам пэкIуэу ятын хуеяуэ яхузэтрихьар 2023 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм ирихьэлIэу сом мелард 1,8-м щIигъуащ. Дызэрыт илъэсым электрокъарууэ къагъэсэбэпам и уасэр ямытурэ щIыхуэу къатехуар сом мелуан 655,3-кIэ хэхъуащ. Республикэм псэупIэмрэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ и IуэхущIапIэхэм ящыщу хуащIа Iуэхутхьэбзэхэм пэкIуэ пщIэр зытыр абыхэм я процент 32,3-рщ. КъБР-м ЖКХ-м пыщIа и IэнатIэхэм щIыхуэхэр тыншу къазэрыхуемыIыхыжым и щхьэусыгъуэр абыхэм я нэхъыбэм банкроту зэрызрагъэтхарщ, ятелъ щIыхуэр япшыныжыну зэфIэкI ямыIэ хуэдэу зыкърагъэлъытэн щхьэкIэ ята лъэIухэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр иджыри зэрызэфIэмыкIарщ. Банкроту зезыгъэтхахэм ятелъ щIыхуэр нобэкIэ сом мелард 1,2-м нызэрохьэс. Абыхэм яхэтщ «Водоканал», «НТСК», «Благострой», «Бахъсэн водоканал», Ислъэмейм и «Водосервис» муниципальнэ IуэхущIапIэхэр, «Коммунсервис» ООО-р, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэми, адрейхэми ятелъ щIыхуэхэр къаIехыжыным и хэкIыпIэу Iуэхум халъагъуэр ахэр судым етынырщ. Псалъэм папщIэ, 2023 гъэм и япэ мазипщIым къриубыдэу «Кавказ Ищхъэрэм и Урысей сетхэр» акционер зэгухьэныгъэм и къудамэу республикэм щыIэ «Къэббалъкъэнерго»-м тхьэусыхафэу 653-рэ суд IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм яхуигъэхьащ. Абыхэм яIыгъщ сом мелуан 896,2-рэ. Абы нэмыщI, щIыналъэм и ЖКХ-м и IэнатIэхэм щыщыIэ щытыкIэ зэIумыбзыр гъэзэкIуэжыным ехьэлIа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ «Кавказ Ищхъэрэм и Урысей сетхэр» АО-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абыхэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэр къанэ щымыIэу япшыныну хуагъэуващ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|