Адыгэ гупсысэкIэТокъумакъ Айдын Азей къалэ цIыкIум хиубыдэ Бешкъэзакъ хьэблэм 1951 гъэм къыщалъхуащ. СпортымкIэ егъэджакIуэу ар илъэс 27-кIэ курыт еджапIэм щылэжьащ. Иджыпсту Айдын а IэнатIэм пэрытыжкъым, Iэщ зехуэным, вэн-сэным хэтщ. Газетым и щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэ мы тхыгъэхэр Токъмакъ Айдынщ зи IэдакъэщIэкIыр. Адыгэбзэм зэи хуемыджами, гукъыдэж ищIу езыр-езыру анэдэлъхубзэр зэзыгъэщIа цIыхухъур хуэкIуащ гупсысэ телъыджэхэм: абы фIэгъэщIэгъуэнщ бзэм и зэхэлъыкIэр, псалъэхэр къызэрыунэхуа щIыкIэр (этимологие), ахэр зэрызэхэлъ пычыгъуэ къэс мыхьэнэ щхьэхуэ зэриIэр. Апхуэдэ гупсысэм Токъмакъыр гурэ щхьэкIэ зэрыхуэкIуар щыхьэт тохъуэ адыгэбзэр бзэуэ щыIэм я нэхъыжь дыдэу, макъыбзэу (щIыуэпсым къигъэIу макъыр къигъэсэбэпурэ пасэрей цIыхум бзэ къызэригъэщIауэ) зэрыщытым. Ди гуапэщ абы и лэжьыгъэхэм мащIэ-мащIэурэ фыщыдгъэгъуэзэну.
ТХЬЭКIУМЭ «ТхьэкIумэ» псалъэр зэпкърытхмэ, пкъыгъуищу зэхэтщ: тхьэ-кIу-мэ. КъидгъэкIыр: «Тхьэм и макъыр зэхэхыпIэм макIуэ. Зэхрегъэх фIэфIыр, зэхэхыпIэ къуапэм негъэс». А къуапэри - тхьэкIумэращ. «Тхьэ» псалъэр езыр макъитIу зэхэлъщ. «Т» - тын, зыт, къозыт, етын. «Хьэ»-р псэщ, дызэрыщыгъуазэщи. «Хьэ»-р езым «цIыху» зыфIимыщ ипэ, зэрихьа цIэращ. Пэ зиIэр мэпамэ, памэр мэбауэ, бауэмэ, псэ егъуэт. Пэр псэм и щIэдзапIэщ, ауэ щыхъукIэ! Мы гупсысэкIэм утетмэ, «Тхьэ»-м «Хьэ»-м «псэ» кърет. Зыгъэпсэу, зыгъэбауэ «псэ» хэзылъхьэ жиIэу. «КIу»-м кIуэ, кIуэн, зекIуэн жи. «Мэ»-р Тхьэм и макъыр езыгъащIэ, зэхезыгъэх жыхуиIэщ. (Памэу, бауэурэ зыхещIэ). ТхьэкIумэм и тетыкIэм, и кIуэцI зыхэлъыкIэм дыхэплъэнщ иджы. ТхьэкIумэ кIуэцIым «сыдж», «уадэ», «нэщIэпкIэ» теплъэу пкъыгъуищым ирихьэлIэкIэрэ макъ щохъу дунейм щызэхих псори. МакъкIэ дызэджэр, щIыуэпсым хэт, Тхьэм и макъыу тхьэкIумэм кIуэрщ. Уэм и уалэр тхьэкIумэ кIуэцIым йохьэ, «сыдж-уадэм» кIуэцIрыкIыу «нэщIэпкIэ»-м и шэрэзым деж макъ щохъу. «Мэ» пычыгъуэм аращ къигъэлъагъуэри - нэщIэпкIэ теплъэу шэрэз шыхьам макъ зэрыщыхъур. Макъ къехъулIар цIыхум и гум фIэфI хъуамэ, узыIуплъэ напэри (нэкIури) гуфIэжу, гуфIэпсу уолагъу. Макъ Iей тхьэкIумэм зэхихамэ, ари гум нос. Гум гуауэ щохъу. Къызэрегуэуари нэгум иболъагъуэ. И IумкIи къеIуатэ фIэфI зэрымыхъуар… Ауэ щыхъукIэ, и «псэри малъэ», мэпсалъэ, игу зэрыримыхьар къепсэлъ, къыжеIэ, «сиудэгуащ» - къригъэкIыу. Мы шэрэз шыхьам ещхь сурэт щIыпIэ куэдым щыболъагъу. БгъуэнщIагъхэм кIэрытхауэ, уагъэу ятIэ гъэжьахэм хэщIыхьауэ, мывэ щIыIу тхыпхъэу, кхъуэщыным, хьэкъущыкъум тету. ТIыбжьэ шыхьам ещхьу ди лъэпкъ дамыгъэхэми хэтщ а тхыпхъэр. ТхыпхъэбзэкIи зыгуэр кърагъэкIыу щытагъэнущ пасэрейхэм. Макъыр нэрымылъагъуми, щIэныгъэрылажьэхэм къаIуатэ уэм и уалэу зэрыщытыр. КIапсэм хуэдэу зэпыщIауэ, зэпымычу уалэ-уалэу гъуэгу зэрырикIур а тхыпхъэ шыхьам нэрылъагъу ещI. «Мэ»-р макъ хъуарэ, къэхъукъащIэр уэзыгъащIэу ди бзэм, ди гупсысэкIэм, ди гупсысэ налъэм къыхыхьа IэщIагъэщ, тхыпхъэщIыпхъэм хэлъыжу пасэрей фIэщхъуныгъэм, тхьэлъэIухэм щыщ псалъэу ди бзэм хэту къызолъытэ. Зыгъэхьэзырар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|