ЩIыгъэпшэрхэм икъукIэ йогугъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, щIыгъэпшэрхэр къэщэхун и лъэ­ныкъуэкIэ мы илъэсым зы­хуагъэувыжауэ щыта къалэнхэр нэсу ягъэзэщIащ.

ЩIыналъэм и мэкъумэ­шыщIэхэм губгъуэ лэжьыгъэ­хэр мы гъэм хъарзынэу къызэ­рырахьэлIам абыи мымащIэу и фIыгъэ хэлъщ. Дауи, егугъуныгъэрщ хъерыр къызыдэкIуэр. Ар мэкъумэшыщIэхэм зэи зыщагъэгъупщэркъым икIи щIыгъэпшэрхэр мардэ пыухыкIам тету икIи и чэзум я къэкIыгъэхэм ират.
«Дызэрыт илъэсым губгъуэ лэжьыгъэхэр ныкъусаныгъэн­шэу зэфIэкIын папщIэ, респуб­ликэм къищэхуащ щIыгъэ­пшэру тонн мин 47-рэ, гъэр щыщIидзэми зытедухуар а бжыгъэрат. ЩIыгъэпшэрхэр ­игъуэу хьэсэхэм зэрыхалъхьам и фIыгъэкIэ щIыналъэм и ­мэкъумэшыщIэхэм гъавэхэкI нэхъыщхьэхэр бэв яхуэхъуащ, хэхъуэфIи яIэщ. Иджыпстуи, 2024 гъэм зыхуэдгъэхьэзыру, щIыгъэпшэрхэр щIыналъэм къыдошалIэ», - жиIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн. 
Къыхэдгъэщынщи, щIыгъэ­пшэрхэр щIым хэлъхьэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым етIуа­нэ увыпIэр къэралым щи­Iыгъщ. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: