ЩIымахуэ гъуэгухэм япэ лэжьыгъэхэр щаублащ

УэфIрэ икIи гъущэу екIуэкIа дыгъэгъазэм зэуэ къыкIэлъыкIуащ щIымахуэ уэсыр.  Апхуэдэхэм деж Налшык къалэ администрацэм гъуэгу хозяйствэмрэ къалэр зэIузэпэщ щIынымкIэ и Департаментымрэ подряднэ IэнатIэхэмрэ я IэщIагъэлIхэр хуосакъ гъуэгухэм шынагъуэ къыщымыгъэхъуным. Коммунальнэ службэхэм я лэжьакIуэхэмрэ спецтехникэхэмрэ  нэхумыщым я къалэнхэм пэрыхьащ: тещтыкIауэ нэху къекIа гъуэгухэм, лъэс зекIуапIэхэм, уеблэмэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я бжэIупэхэм пшахъуэ, шыгъу тракIутэ, дыгъэ къыкъуэкIыпIэмкIэ гъэза лъагъуэхэм зэкIэ я гугъу ящIакъым, дыгъэпсу нэху къызэрекIам къыхэкIыу.

Мы махуэхэм дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжым елъытауэ, абыхэм къадэIэпыкъунущ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэри «Горзеленхоз» IуэхущIапIэри. Гъуэгухэм ямызакъуэу, ахэр кIэлъыплъынущ фэтэр куэду зэхэтхэм я унащхьэхэм ирищIэкI Iумылхэми. Куэдрэ къохъу къэтIэсхъа мылпыжыр зэуэ къехуэхыу, лъэс зекIуапIэхэм я курыкупсэм къыщытехуэ. Апхуэдэхэм нэхъ ущрохьэлIэ лъэс лъагъуэхэр унэхэм бгъурытыпэу здрикIуэ Хъураным, ПащIэм, Лермонтовым, КIыщокъуэм я уэрамхэм.

Коммунальщикхэм апхуэдэу я нэIэ тетщ скверхэм щызэблэкI гъуэгу цIыкIухэм, щIымахуэ пщэдджыжьхэм жьы къабзэкIэ бэуэну хуейхэм тыншу къыщакIухьын хуэдэу. Ипэ ита илъэсхэм къащхьэщыкIыу, дыгъэгъазэм дытехьэху жыгхэм мыхъейуэ япыта пщIащэхэм я нэхъыбэр, уэсыр зэуэ къатесэри, щIиуфащ. Дыгъэ кIапэ къызэрыкъуэкIыу ахэри мащIэ-мащIэурэ къыхах, гъатхэм жыг щIагъхэр къабзэу техьэн хуэдэу.

ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа IуэхущIапIэхэм я нэIэм щIэту щIымахуэ псом яхурикъуну шыгъур, гъэ къэси хуэдэу, тонн бжыгъэкIэ зэрагъэпэщащ, къэрал, къалэ кIуэцI, щIыналъэ гъуэгухэм транспортымрэ цIыхухэмрэ шынагъуэншэу щызекIуэн хуэдэу. Псом хуэмыдэу я нэIэ тетынущ еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ  екIуалIэ гъуэгухэмрэ лъэс зекIуапIэхэмрэ.

Лъостэн Музэ.

Поделиться: