Хабзэм къемызэгъыу

УФСБ-м къет

Iэпхъуэшапхъуэ Iуэхум пыщIа щIэпхъаджагъэхэм япэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу республикэ УФСБ-м и лэжьакIуэхэм къызэпаудащ КъБР-м щыIэ МВД-м Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и управленэм и лэжьакIуэ Къумыкъу Б. Х. зэрихьэ хьэгъэщагъэр.
КъызэрыщIагъэщамкIэ, абы хамэ къэрал къикIа цIыхуищыр хабзэншагъэкIэ республикэм щыIэныр къызэригъэпэщащ, полицейм и Iыхьлыхэм язым ейуэ Аруан районым щыIэ зыгъэпсэхупIэм ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну.
Лэскэн район судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ Къумыкъу Б.Х. къуаншэу къалъытащ, абы условнэу илъэси 2 тралъхьащ, зы илъэсым кIэлъыплъыну.

 

Поделиться: