Гъуэгу уэздыгъэхэр пагъанэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэшхуэ щрат республикэм и автомобиль гъуэгухэр къэгъэнэхуным. Псом япэрауэ, ар хуэунэтIащ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным.
Иужьрей илъэситхум къриубыдэу федеральнэ, республикэ, щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгуу иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэблащ псори зэхэту километр 300-м нэблагъэ.
Гъуэгухэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпсауэ лажьэ лъэпкъ проектымрэ къэрал программэмрэ япкъ иткIэ 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэздыгъэхэр щыпадзащ километр 90-м нэблагъэм.
БлэкIа илъэсым гулъытэншэ хъуакъым республикэм и къалащхьэм и уэрамхэри. «Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иткIэ Налшык и щIыпIи 8-м гъуэгу уэздыгъэхэр щыпадзащ, уэрам уэздыгъэу мини 10 зэрахъуэкIащ.                         

 

БАТОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: