Тхылъ еджэным и мыхьэнэр

         Дагъыстэным щыщ, Iэпщэрыбанэ хуитымкIэ спортым и мастер, тхылъыр фIыуэ зылъагъу Ибрагимов Машарип Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм и гъэсэнхэм яхутепсэлъыхьащ тхылъ еджэным и мыхьэнэм.

         КъыжыIапхъэщ, Ибрагимов Машарип Налшык япэу къызэреблэгъар. И цIыхугъэ Жолдашев Анзор и лъэIукIэ, ар налшыкдэс ныбжьыщIэхэм яIущIащ. ЗэIущIэм и пэ къихуэу, КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр Дагъыстэным щыкIуам, Жолдашевым Машарап къызэрицIыхуар жиIащ. Тхылъым и мыхьэнэм теухуа лекцэм цIыхуи 100-м нэблагъэ зэхуишэсащ.

         Машарап щIэблэм яжриIащ и ныбжьыр илъэс 16 щыхъум тхылъ еджэным зэрыдихьэхар икIи абы лъандэрэ махуэм нэхъ мащIэ дыдэу напэкIуэцI 30 зэреджэр. Классикэ художественнэ литературэм къыдэкIуэу, ар психологием, философием, тхыдэм дахьэх. ХьэщIэм и псалъэм къыхигъэщащ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирагъэблагъэурэ щIалэгъуалэм зэрырагъэпсалъэр, чэнджэщэгъу зэрахуэхъур. НэхъапэIуэкIэ, адэ-анэхэм я лъэIукIэ, сабийхэм щхьэхуэу ядэлэжьа мыхъумэ, апхуэдиз ныбжьыщIэм зэуэ япэ зэрахуэзэр ибзыщIакъым.

- Тхылъ еджэнымрэ уи гупсысэкIэм зебгъэужьынымрэ зэпыщIащ, - жиIащ Ибрагимовым. -  ЖьакIуэ ухъуным и закъуэкъым тхылъыр зэрысэбэпыр, атIэ цIыхум и къэухьым зрегъэужь, мыхьэнэ зиIэмрэ зимыIэмрэ зэхищIыкIыфу, сыт хуэдэ Iуэхуми уи еплъыкIэ хуиIэжу егъасэ.

Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм и унафэщI КIэрашэ Оксанэ Ибрагимов Машарап къазэрыхуеблэгъар гуапэ зэрыщыхъуар жиIащ икIи хьэщIэм саугъэтхэр иритащ, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ Налшык къалэм и тхыдэм теухуауэ къыдагъэкIа тхылъи щIыгъуу.

КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье жиIащ республикэм тхылъым дихьэхыу ис щIалэгъуалэр Дагъыстэным щыпсэу я ныбжьэгъухэм зэрахуэзэр икIи я усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я тхыгъэхэм зэрыщыхагъэгъуазэр.

Зэхыхьэм Ибрагимовым жэуап щритащ ныбжьыщIэхэр зыщIэупщIам.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться: