Iуащхьэмахуэ къыхах

Гъэ кIуам Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщаплъыхьащ цIыху мелуаным щIигъум.
Дызытехьа илъэсыщIэм и зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм къриубыдэу абы щыхьэщIащ цIыху мин 90. Ар илъэс блэкIам и иджы хуэдэ зэманым елъытауэ проценти 2,5-кIэ (цIыху 73,7-рэ мэхъу) нэхъыбэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым турист гъуэгу 57-рэ иIэщ. Ахэр, я гугъуагъым тещIыхьауэ, хыуэ гуэшащ. Псоми зэхэту я кIыхьагъыр километр 1000-м щIегъу. 2023 гъэм а гъуэгуанэхэр зэпачащ турист гуп мини 2-м, цIыху мин 16-м.
Iуащхьэмахуэ и лыжэ къэжыхьыпIэхэм 2024 гъэм и япэ махуэхэм ирихьэлIэу цIыху мин 70-м щIигъум зыщагъэпсэхуащ. ИужькIэ махуэ къэс къекIуэлIахэм я бжыгъэр мини 6-м нос. Ари гъэ кIуам елъытауэ хэпщIыкIыу нэхъыбэщ. «Кавказ. РФ» IэнатIэм и унафэщI Юшманов Андрей дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я шынагъуэншагъэр сыт и лъэныкъуэкIи къызэгъэпэщащ: къегъэлакIуэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр жэщ-махуэ ямыIэу ноби мэлажьэ, гъэхьэщIэным ехьэлIа хуэIухуэщIэхэри къызыхуэтыншэщ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, Кавказ Ищхъэрэр, псом хуэмыдэу Iуащхьэмахуэ и зыгъэпсэхупIэхэр къыхэзых туристхэм я бжыгъэм къахэхъуэ зэпытщ. Къапщтэмэ, дуней щытыкIэм зэрызихъуэжам къыхэкIыу, «Iуащхьэмахуэ» хьэщIэщыр махуэ зыбжанэкIэ зэхуэщIауэ щытащ, арщхьэкIэ абыи емылъытауэ, ди щIыпIэм къакIуэхэм я бжыгъэр зыкIи нэхъ мащIэ хъуакъым. Иджыпсту псори и пIэм иувэжащ. КилометрищкIэ удэкIуеймэ, мы махуэхэм къыщызэIуахащ къэжыхьыпIэщIэхэр. СноубордкIэ, лыжэкIэ къэзыжыхьхэм зэуэ къежэхыпIэхэр ягъэунэхун щIадзащ. 
Iуащхьэмахуэ и зыгъэпсэхупIэхэм турист нэхъыбэ къешэлIэныр куэдкIэ елъытауэ щытащ зэман ипэкIэ мафIэм исауэ щыта «Приют-11» хьэщIэщым. Нэхъапэми и гугъу фхуэтщIат ар щIэрыщIэу яухуэжыну къызэрыхалъхьам. Iуэхур ипэкIэ мэкIуатэ. Урысейм и МЧС-м дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ухуэныгъэр 2024 - 2025 гъэхэм къриубыдэу зэфIагъэкIын хуейуэ щытщ. Абы теухуа пэхуэщIэ лэжьыгъэхэр гъэ кIуам и кIэм яубзыхуащ. Иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжынщи, и лъабжьэм къыщыщIэдзауэ и щхьэм нэскIэ щIэуэ яухуэжыну хьэщIэщым хэтынущ къегъэлакIуэхэм я хэщIапIэ, насыпыншагъэ къыщыхъумэ, зэман темыкIуадэу, Iуащхьэмахуэ и Ипщэ къурш джабэм псынщIэу зэрынэсыным тещIыхьауэ. Куэдым зэращIэщи, а щIыпIэм сыт хуэдэ транспорткIи уихьэфыркъым, щIыпIэм и зэхэлъыкIэм и гугъуагъкIэ адрейхэм къазэрыщхьэщыкIым къыхэкIыу. Лъэсу уежьэмэ, сыхьэтитхукIэ унэсыну аращ. Ухуэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь хьэщIэщым гъэ псом щыплъырынущ къегъэлакIуэ 11. Иджыпсту яхуэIыгъыр цIыхуи 4 къудейщ - ар мащIэщ. Абыхэм я хэщIапIэр здэщыIэ Терскол икIыу ахэр «Приют-11»-м нэсыным (ар щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэщ) зы сыхьэтрэ ныкъуэрэ токIуадэ. АпщIондэху къэхъунур зыми ищIэркъым.
ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: