МафIэс къэмыхъун папщIэФысакъ ИлъэсыщIэ, Хъуромэ махуэшхуэ зыгъэпсэхугъуэхэм къыщыхъу мафIэсхэм нэхъыбэу щхьэусыгъуэ яхуэхъур пиротехникэ мыхьэнэншэмрэ ар тэмэму къызэрамыгъэсэбэпымрэщ. ЩIымахуэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм сымаджэщхэм къыщIохутэ мафIэс фэбжь зыгъуэта сабийхэмрэ балигъхэмрэ. ЗэрыжытIащи, апхуэдэ къэхъукъащIэхэм я щхьэусыгъуэр я инагърэ лъэщагъкIэ зэмылIэужьыгъуэ петардэхэр, «бомбочкэхэмрэ» ракетницэхэмрэ зэрыхуэмысакъырщ. Иужьрейм шынагъуэ нэхъыбэ пылъщ: къэлыда хьэрэкIытIэр фэтэрым, лоджием, унэм е къуэдзэщым щIэлъэтэнкIэ икIи абы мафIэс, мылъку хэщIыныгъэшхуэ кърикIуэнкIэ мэхъу. Нэхъ шынагъуэр цIыхухэм фэбжь хахынырщ. Къэтхьынщ щапхъэхэр. 2008 гъэм мыр Тэрч щIыналъэм къыщыхъуащ. Илъэситху хъу сабийр, абы и анэмрэ и анэ дэлъхумрэ ящIыгъуу, пщIантIэм дыхьащ хьэрэкIытIэ ягъэуэну. Япэу яутIыпща 11-р тэмэму зэфIэкIащ. Иужьрейм здиунэтIамкIэ зыIэзыбжьэу зихъуэжри, сабийм и джабэ ижьырабгъум зыхиукIащ. Пиротехникэ Iэмэпсымэр цIыкIум и тхьэмбылым нэсыным зы сантиметрщ иIэжар. Сабийр къригъэлащ абы щыгъын Iув зэрыщыгъам.
Поделиться:
Читать также:
20.05.2024 - 16:00 →
Гъатхэм и гъэгъахэр
20.05.2024 - 15:00 →
Кавказ Ищхъэрэм мэкъумэшымкIэ дыщынэхъыфIщ
20.05.2024 - 14:50 →
Ахэр дахэ къудейкъым…
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
|