ЗыгъэпсэхуакIуэхэр къызэрыдахьэх Iуэхугъуэхэр

Урысейм и туроператорхэм зэрыжаIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ, ар щызэтрагъэувэж и курортхэмрэ санаторэхэмрэ куэдкIэ нэхъ щIэупщIэ яIэ хъуащ иужьрей илъэсхэм. Дауи, ахэр Минводы щыIэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэм иджыри къакIэроху я бжыгъэкIи зэфIэкIкIи, апхуэдэу щытми, ди деж зыщызыгъэпсэхуну хуейхэми къахэхъуэ зэпытщ.
ЩIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм нэмыщI, ахэр зыIэпешэ ди щIыуэпсым и щытыкIэм, хьэуа къабзэм, зэрыхуабэм, ди аузхэм, мэз лъапэхэм я даущыншагъэм, а псом къадэкIуэу, путевкэхэм я уасэхэр фIыуэ зэрынэхъ пудым.
Туристхэм ядэлажьэ IэнатIэхэм къызэрыхагъэщымкIэ, цIыхухэр къызэрыдихьэхын, абыхэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыригъэфIэкIуэн, инвесторхэр къызэрыришэлIэн IэмалыфI куэд иIэщ республикэм. ИджыпстукIэ Iуэхур къэзылъахъэр Минводы къалэм щыIэхэм яхуэбгъадэ хъун, фIагъ лъагэ зиIэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэф санаторэхэмрэ курортхэмрэ зэрыдимащIэрщ. Апхуэдэу щыхъукIи, нэхъыбэм къыхах хъуащ цIыху нэхъ мащIэ щызэтрихьэ щIыпIэхэр, Iэуэлъауэр, зэхэзекIуэр щымащIэхэр. АбыкIэ, ди республикэр жэнэт пэлъытэу жаIэ ди хьэщIа куэдым.
НобэкIэ къэдгъэлъагъуэмэ, цIыхухэм я узыншагъэр зэтегъэувэжыным ехьэлIауэ фIагъ лъагэ зиIэ Iуэхутхьэбзэхэр хьэщIэхэм яхуэзыщIэ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ, ахэр щагъэхъуж санаторэхэри диIэщ, мыкуэд дыдэми. Псалъэм папщIэ, „Coral Travel», «FUN&SUN» турист компаниехэм я IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, абыхэм я нэхъыфIхэм ящыщщ щIыналъэм и санаторэхэу «Чайка»-мрэ «Долина нарзанов»-мрэ.
Шэч хэлъкъым - щIыпIэ дахэ ущыIэу, уи нэгу зебгъэужьу, уи узыншагъэри зэтебгъэувэжыну уасэ иIэкъым. АтIэ, 2023 гъэм Налшык и санаторэхэм я путевкэхэм я уасэр 2022 гъэм щыIахэм хуэдэу къэнэжауэ щытащ, адрей щIыналъэхэм ейхэм хагъэхъуами, икIи, абы къыхэкIыу, 2024 гъэм ди деж къэкIуэну хуейхэм я бжыгъэм хохъуэ.
Урысейм Туристхэм Iуэхутхьэбзэ яхуэзыщIэ и IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и IэщIагъэлI Ромашкин Сергей къыхегъэщ санаторэщIэхэр бухуэну иджыпсту зэрылъапIэр, зэман куэди абы зэрытекIуадэр. Абы къыхэкIыу, щыIэ санаторхэр иджырей мардэм къитIасэу зэгъэпэщын, я лэжьыгъэхэр тэмэму зэтеухуэн зэрыхуейр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым укъызэрыкIуэн транспортхэми куэд елъытащ. Псалъэм папщIэ, Налшык къалэм кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэ иIэжу щытми, билетхэм я уасэр зэрылъапIэм туристхэм я нэхъыбэр Iуегъэщт, е нэгъуэщI Iэмалхэр къагъуэтын хуей мэхъу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, машинэтедзэкIэ, е мафIэгукIэ укъэкIуэнми зэман нэхъыбэ токIуадэри, абыи цIыхухэр егъэгупсысэ. Ауэ, мыри къыхагъэщ - ди деж зэ щыхьэщIауэ къытезымыгъэзэж куэд яхэткъым зыплъыхьакIуэхэм
 Иджыпсту нэхъыщхьэращи, туристхэр къызэрыдахьэхын куэд диIэщ, ди санаторхэмрэ курортхэмрэ яхэтыжу. Абыхэм зегъэужьын къудейуэ аращ, инвесторхэр къыхэшауи, абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI республикэм и зыхуэфащэ IэнатIэхэм.
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: