Хьэрычэт IэнатIэм КъБР-м зыщеужь

Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм Инвестицэ политикэмкIэ, хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ зегъэужьынымкIэ и департаментым и унафэщI Дадаян Иннэ видеоконференц зэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ къэралым и щIыналъэхэм «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ зыщегъэужьын» лъэпкъ проектыр зэрагъэзащIэ щIыкIэм. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ.
ЗэIущIэм щыхэплъащ 2023 гъэм УФ-м и щIыналъэхэм къэрал пэхуэщIхэр гъэзэщIэным къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм, «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ щылажьэхэм я бжыгъэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэм щахузэфIэкIам, нэгъуэщIхэми.
«Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым 3 щагъэзащIэ: «Я щхьэ хуэлэжьэжхэр лэжьэфын папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщын», «Бизнесым хыхьахэм тыншу я Iуэхур ирагъэжьэн папщIэ, абыхэм ядэIэпыкъун, ахэр лъэпощхьэпохэм щыхъумэн», «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ жыджэру зегъэужьын».
КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъ пэхуэщIэхэр республикэм щыгъэзэщIэным сом мелуани 116-м нэблагъэ 2023 гъэм тригъэкIуэдащ. ЩIыналъэ пэхуэщIэхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр къанэ щымыIэу ягъэзэщIащ, языныкъуэхэмкIи зыхуагъэувыжа къалэнхэм ефIэкIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней IуэхущIапIэхэр зиIэхэм, я щхьэ хуэлэжьэжхэм я бжыгъэм псори зэхэту процент 16,5-кIэ хэхъуащ икIи ар цIыху мини 118,9-рэ хъуащ. 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: