ЦIыхубзым зигъэпщыкIуртУрысей МВД-м и къудамэу Дзэлыкъуэ районым щыIэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм 2024 гъэм щIышылэм и 25-м Дзэлыкъуэкъуажэ щаубыдащ нэхъапэм суд зытращIыхьа, илъэс 34-рэ зи ныбжь, Светловодскэ къуажэм щыпсэу цIыхубзыр. НаркотикхэкI грамм 50-м нэс
Урысей МВД-м Аруан районым щиIэ къудамэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и IэнатIэм, КъБР-м щыIэ УФСБ-м, Налшык къалэ УМВД-м я лэжьакIуэхэм Аруан къуажэм щыIэ, автомобилхэм гъэсыныпхъэ щрагъахъуэ станцым мы гъэм щIышылэм и 26-м щаубыдащ щIалэщIитI. Нэхъапэми суд зытращIыхьа, илъэс 26, 27 зи ныбжь нарткъалэдэсхэр щаубыдым, абыхэм хыфIадзащ изолентI зэшэкIа тхылъымпIэ зэкIуэцIышыхьауэ тIу.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
11.09.2026 - 15:25 →
Бзэ куэд зыщIэхэр
11.09.2026 - 15:14 →
Гектар мини 6,7-м щIигъу
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
| ||




