|
Махуэгъэпс
3 августа, 2022 - 09:00
Нобэ
Хъарбызым и дунейпсо махуэщ
Къэзахъстаным щагъэлъапIэ транспорт IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
1492 гъэм испан хыдзэлI Колумб Христофор и унафэм щIэт гупыр, кхъухьищ хъууэ, япэу зекIуэ ежьащ.
1778 гъэм Милан къыщызэIуахащ «Ла Скала» оперэм и унэр.
1799 гъэм урысеидзэм и кхъухьхэр Тыркум япэ дыдэу хуит ищIащ Босфор псы дэжыпIэм къыпэрымыуэу дигъэкIыну.
2 августа, 2022 - 06:38
УФ-м и Хьэуа-Десантыдзэхэм я махуэщ. Ар Белоруссиеми Къэзахъстанми щагъэлъапIэ. I930 гъэм Москва дзэ округым зыгъэсэныгъэхэр Воронеж къалэм пэмыжыжьэу щригъэкIуэкIыу япэ дыдэу хьэуа десант абдеж къыщетIысэхауэ щытащ. Аращ махуэм лъабжьэ хуэхъуар.
Беларусь Республикэм и десантникхэмрэ къалэн щхьэхуэхэр зыгъэзащIэ къарухэмрэ я махуэщ
Азербайджаным щагъэлъапIэ Лъэпкъ кином и махуэр
Коми республикэмрэ Ненецкэ автономнэ округымрэ щагъэлъапIэ Щыхьым и махуэр
1 августа, 2022 - 14:45
Рейнджерым и дунейпсо махуэр (World Ranger Day), нэгъуэщIу жытIэмэ, МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм я махуэр, ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 46-м гъэ къэси бадзэуэгъуэм и 3I-м щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэ къыщащтар Рейнджерхэм я къэрал зэхуаку федерацэм (International Ranger Federation, IRF) 2007 гъэм иригъэкIуэкIа зэIущIэрщ.
1 августа, 2022 - 11:05
Тхьэмбылым лышх узыфэр къемыуэлIэным хуэгъэпса дунейпсо махуэщ
ГъущI гъуэгу лэжьакIуэм и дунейпсо махуэщ
ШыщхьэуIум и I – 7-хэр Сабий цIынэхэр анэ быдзышэкIэ гъэшхэным къыхуеджэным и дунейпсо тхьэмахуэщ
УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я тылым и махуэщ
Урысейм и Инкассаторым и махуэщ
Япэ дунейпсо зауэм хэкIуэда урысей сэлэтхэм я фэеплъ махуэщ
Азербайджаным щагъэлъапIэ я алыфбеймрэ я бзэмрэ я махуэр
Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ
Китайм щагъэлъапIэ я цIыхубэ-щхьэхуитщIыжакIуэ армэр къыщызэрагъэпэща махуэр
31 июля, 2022 - 14:24
Хабзэ хъуауэ, илъэс къэс бадзэуэгъуэм и кIэухым ди къэралым щагъэлъапIэ Дзэ-Тенджыз флотым и махуэр. Ар Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ ягъэувауэ щытащ 2006 гъэм. Абы лъандэрэ а махуэр Iэтауэ ягъэлъапIэ Дзэ-Тенджыз флотым къулыкъу щызыщIахэм, ноби къалэн езыхьэкIхэм, ар зи гъащIэр епхауэ псэухэм.
29 июля, 2022 - 11:55
Бэдж нэхъ Iэл дыдэхэу щхъухь бзаджэ зезыхьэхэм ящыщщ «каракурт» - кIэ зэджэр. Мыбы и щхъухьыр «гремучая» жыхуаIэ блэм ейм нэхърэ хуэдэ I5-кIэ нэхъ гуащIэщ.
29 июля, 2022 - 09:44
Къаплъэным и дунейпсо махуэщ
28 июля, 2022 - 07:00
Гъуэжь узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и PR-IэщIагъэлIым и махуэщ
1586 гъэм Европэм кIэртIоф къашащ. Колумбием къришри, а къэкIыгъэр Инджылызым къишат Хэрриот Томас.
1697 гъэм Камчаткэ хытIыгуныкъуэр зэрыщыIэр къахутащ.
1713 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ Рижскэ губерниер.
1858 гъэм криминалистикэм япэ дыдэу къыщагъэсэбэпащ IэпапIэхэр.
27 июля, 2022 - 09:00
Нобэ
Вьетнамым щагъэлъапIэ къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнурэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэр
Финляндием махуэ гъэщIэгъуэн - жейнэдым и махуэ - щагъэлъапIэ.
1147 гъэм Москва къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
1694 гъэм дунейм щыяпэу Инджылызым къыщызэIуахащ и банк нэхъыщхьэр. ЦIыху 1268-м я мылъку халъхьат Шотландием щыщ хьэрычэтыщIэ Патерсон Уильям и банкым.
26 июля, 2022 - 07:37
Эсперантэ бзэм и дунейпсо махуэщ. I887 гъэм Варшавэ (Польшэ) урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ эсперантэ бзэр зэрырагъэджыну япэ учебникыр.
Урысейм щагъэлъапIэ парашютистым и махуэр
1770 гъэм, Урыс-Тырку зауэм и зэманым, генерал Репнин Николай зи пашэ дзэм Измаил быдапIэр къащтащ.
1805 гъэм Везувий вулканыр къибыргъукIри, Неаполь къалэм и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр зэтрикъутащ. А гузэвэгъуэм цIыху мин 26-м нэблагъэ хэкIуэдауэ щытащ.
Страницы
|