Махуэгъэпс

Нобэ

Ядернэ Iэщэхэр гъэунэхуныр мыдэным и дунейпсо махуэщ. 2009 гъэм ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм и 64-нэ сессием къыщащтащ Къэзахъстаным къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ.
Урысей МВД-м и къэрал кIуэцI дзэхэм я гуп хэхахэм я махуэщ
1698 гъэм
Пётр Езанэм унафэ ищIащ и къэралым ис цIыхухъухэм я жьакIэхэр яупсыну, Европэм щыпсэухэм я щыгъынхэм хуэдэ псоми щатIэгъэну.
1885 гъэм Германием щыщ Даймлер Готлиб япэ мотоциклым и патент къратащ.

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Нобэ

♦Шахтёрым и махуэщ

♦Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦Осетие Ипщэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦Тыркум IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я махуэщ

♦1382 гъэм тэтэр хъан Тохъутэмыщ и дзэм Москва къиубыдащ икIи абы лыгъэ иридзащ. Абы кIэлъыкIуэу яубыдат Владимир, Переяславль, Юрьев, Звенигород, Можайск къалэхэр.

♦1723 гъэм Петергоф псыутххэр я комплекс щаутIыпщащ.

Нобэ

Дзыгъуэнэфым и дунейпсо махуэщ
Бразилием щагъэлъапIэ сэлэтым и махуэр
1609 гъэм
Италием щыщ физик, астроном Галилей Галилео цIыхухэм яригъэлъэгъуащ и IэмэпсымэщIэр – телескопыр.
1919 гъэм дунейм щыяпэу Лондон – Париж гъуэгуанэм кхъухьлъатэхэр трагъэуващ икIи пIалъэ пыухыкIам тету рейсхэр ягъэзащIэу щIадзащ.
1944 гъэм Берлин и Плётцензее гъэрэщым щаукIащ фашизмэм и бий гупым щыщхэр. Абыхэм яхэтащ тэтэр усакIуэ, иужькIэ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр зыфIащыжа Джалиль Муса.

Нобэ

Къыргъызым и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ
79 гъэм
Везувий вулканыр къибыргъукIащ. Абы щIым щыщ ищIауэ щытащ Помпей, Геркуланум къалэхэр.
1516 гъэм Алеппэ (Сирие) ищхъэрэIуэкIэ тыркудзэхэм мысыр мамлюкхэм я дзэхэр щызэтракъутащ, а IэщэмкIэ узэуэныр мызахуагъэу, уеблэмэ щIэпхъаджагъэу иужьрейхэм къалъытэри, топхэр къагъэсэбэпын ядатэкъыми.
1830 гъэм дунейм ехыжащ Къэбэрдей пщы уэлий хахуэ Жанхъуэт Кушыку.

Дунейм щыхъыбархэр

ГъэрхэмкIэ сату щIыным хэкIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ дунейпсо махуэщ
Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ
– 1943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ.
Белоруссием щагъэлъапIэ Къэрал статистикэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
1382 гъэм
Урысейм артиллерие дзэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Ар япэу къагъэсэбэпащ Тохъутэмыщ хъаныр Мэзкуу щытеуам щыгъуэ.
1924 гъэм Франджым къыщызэрагъэпэщащ «Монако» футбол клубыр.

Нобэ

Зи диныр, нэгъуэщI зи фIэщхъуныгъэхэр зыпаубыду залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэр, абы зи гъащIэр хэзылъхьахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэщ.
I99I гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зи мычэзу сессием унафэ къищтащ Урысейм и иджырей ныпыщIэр - хужь-щIыху-плъыжь плъыфэхэу зэгуэлъыр - къэралым и дамыгъэу къэлъытэным теухуауэ. Нэхъ иужькIэ, I994 гъэм шыщхьэуIум и 20-м, УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ «Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым теухуауэ» унафэм.

Абынрэ Къуацэгъуррэ

Абын – аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуауэ щыта Абинск къалэ цIыкIум пхрыж псым. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр «мэз» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм хэт «абнэ» псалъэм къытепщIыкIащ. 

ЕхъулIэныгъэ инкIэ дыхуохъуапсэ

Ди республикэм щеджэн и мураду и хэку къэзыгъэзэжауэ щыта, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым инджылызыбзэмкIэ и факультетыр къэзыуха, ди республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым щылэжьа, зи кандидат диссертацэр ди деж щыпхызыгъэкIа Чурей Дыжьын куэдым яцIыху и щIэныгъэкIэ, и лэжьыгъэкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ.

Нобэ

Сурэтым и дунейпсо махуэщ
Гуманитар дэIэпыкъуныгъэм и дунейпсо махуэщ
Афганистаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
США-м и авиацэм и махуэщ
ХыдзэлIхэм зэрахьэ джанэ кусэм и махуэщ. Урысей флотым къулыкъу щызыщIэхэм я фащэу I874 гъэм къащтащ кусэ щIыхухэр хужьым пхыкIыу щIа джанэхэр.
I839 гъэм
Санкт-Петербург пэмыжыжьэу къызэIуахащ Пулковскэ обсерваториер. Иджыпсту ар Урысей Федерацэм и астрономие IуэхущIапIэ нэхъыщхьэщ.
I887 гъэм шар гъэпщам ису зиIэтри, Менделеев Дмитрий кIэлъыплъащ дыгъэр зэрыкъуилъафэм.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Урысейм щагъэлъапIэ Географым и махуэр. 1845 гъэм къызэрагъэпэщащ Урыс географие зэгухьэныгъэр.

Азербайджанымрэ Къэзахъстанымрэ я гъунапкъэхъумэ дзэхэм я махуэщ

Таджикистаным и медицинэ лэжьакIуэхэм я махуэщ

1682 гъэм Урысей пащтыхьыгъуэм и тет хъуащ Пётр Езанэр.

1782 гъэм Санкт-Петербург къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и фэеплъыр (иужькIэ «Гъуаплъэм къыхэщIыкIа шууей» зыфIащар).

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс