Щэнхабзэ

Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр

Гъатхэпэм и 8-р Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэу ягъэуващ. Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм а махуэшхуэр ягъэлъапIэ, абы и хабзэхэм емыпцIыжу. Ауэ лъэпкъ псоми ар ягъэлъапIэркъым. 
НэгъуэщI къэралхэм къикIауэ Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэ куэдым илъэс зы-тIущ дэкIа нэужьщ щаублэр гъатхэпэм и 8-м бзылъхугъэхэм удз гъэгъахэмкIэ яхуэупсэн хабзэр.

Кавказыр щэнхабзэм хуэхейкъым

Сокуров Александр Налшык щригъэджа и гъэсэнхэм тепсэлъыхьрэ пэт, зэрымыщIэкIэ Кавказ Ищхъэрэм щыщ псоми я жагъуэ ищIауэ къыщIэкIащ. Иджы осетинхэри, шэшэнхэри, адыгэхэри топсэлъыхь режиссёр цIэрыIуэр нэхъ зэгъэзэхуауэ псэлъэн зэрыхуеям. 

Лъагъуныгъэ, гуапагъэ, зэгурыIуэ

Мыхьэнэ пыухыкIа зимыIэ, къалэн ин цIыхухэм я пщэ щыдэ­-мылъ зы IэнатIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ зыми хуэмыдэжщ еджапIэ-гъэсапIэхэр. 

Iэпэм къыпыкI дахагъэ

Зэпыу имыIэу зызыхъуэж гъащIэм щIэуэ къыщежьэм кIэух иIэкъым. Нобэ къагупсысар пщэдей яфIэгъэ­щIэгъуэныжкъым, ауэ адыгэ цIыхубзым и теплъэмрэ абы и Iэпэ къызыпекIуэкIым хилъ­хьэ дахагъэмрэ сыт щыгъуи узыгъэпIейтейщ. 

Уэрэдыр зи дамэ

Япэ урысейпсо каналым къызэригъэпэща «Голос. Дети» проектым 20I7 гъэм телъыджэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа икIи етIуанэ увыпIэ къыщызыхьу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я «вагъуэ цIыкIу» хъуауэ щыта уэрэджыIакIуэ Хекилаевэ Денизэ нобэ иIэ ехъулIэныгъэхэм ди гуапэу я гугъу фхудощI.

Адыгэр куэдым къарегъэцIыху

Адыгэ къэрал университетым и «Нарт» ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 35-рэ ирикъуащ. А пIалъэм къриубыдэу къэфакIуэ гуп цIэрыIуэм ехъулIэныгъэ куэд зыIэригъэхьащ. Ансамблым зыкъыщигъэлъагъуэр Адыгэ Республикэм и закъуэкъым, атIэ Урысейм и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэ куэдым щыIащ, апхуэдэуи хамэ къэралхэм  щитащ концерт. 

Си къежьапIэ

Уафэ нэзыр пшэм щимыгъэпщкIу махуэ бзыгъэхэм дыгъэ къухьэпIэмкIэ уплъэмэ, пшэхэм я зекIуапIэ уафэгум лъэIэсрэ жыпIэу уолъагъу зи щыгур махъшэ сыджу дыкъуакъуэ Iуащхьэ абрагъуэ, мылгъурыджей мыткIужхэм я афэ быдэм зэщIиIулIауэ. Ар Iуащхьэмахуэщ. Уэс къабзэ зытелъ бгы уардэхэм я лъапэхэм дежщ Бахъсэныпсым и къежьапIэр. Псым жапIэ къигъуэтурэ лъагъуэ хишам дэту къожэх, абы псыIэрышэ бжыгъэншэхэр къыхэлъадэурэ нэхъ ин мэхъу. Тыншкъым абы и гъуэгуанэр.

Колизей

Италием и Колизей амфитеатрыр дуней псом и архитектурэ фэеплъ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Илъэс минитIым щIигъуауэ а тхыдэ фэеплъыр цIыху мелуанхэм я кIуапIэщ. КъыжыIапхъэщ, Налшык къалэм а фэеплъым и фIэщыгъэрэ теплъэмрэ зиIэ шхапIэ зэрыщыIэр.

Шу лъагъуэри гъущI гъуэгури

УФ-м и Къэрал Думэм иджыблагъэ урысыбзэм теухуауэ хабзэщIэ къищтащ. ДяпэкIэ хамэбзэм къыхэкIа терминхэу урысыбзэм мыхьэнэгъу щызиIэхэр къагъэщхьэпэу ядэжынукъым.

Лъэпкъым и дахагъэр къегъэлъагъуэ

Сыт къафэр зищIысыр? Къафэр - ар цIыхубэ гъуазджэщ. Абы къегъэлъагъуэ лъэпкъым и псэр, и дахагъэр. Дэтхэнэ зы лъэпкъми иIэщ къафэ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ. Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхъукъащIэщ. Ахэр лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и щыIэкIэ-псэукIэр къэзыгъэлъагъуэщ. Ауэ дапщэщ, сыт щыгъуэ, дэнэ цIыхухэр къафэу къыщежьар, япэу къезыгъэжьари хэт? ИIэу пIэрэ а упщIэхэм жаэуап пыухыкIа? Абы теухуауэ Уэрыш Нурхьэлий еплъыкIэ гъэщIэгъуэн иIэщи, абы фыщыдогъэгъуазэ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ