Нобэ, сыхьэт 12-м

УФ-м и Президент Путин Владимир нобэ захуигъэзэнущ УФ-м и Федеральнэ  Зэхуэсым. Абы хэтынущ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки.

«Дызэрыщыгъуазэщи, апхуэдэ зэIущIэхэм Президентыр зытепсэлъыхьыр дэ – къэралыгъуэ лъэпкъыбэм щыпсэухэр – нэхъ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэрщ: хэкум, зэкъуэтыныгъэм, унагъуэм, хабзэхэм, зыужьыныгъэм ехьэлIахэрщ. Къэралыр нэхъри егъэфIэкIуэнымкIэ ди Президентым дыкъуэтщ», - жеIэ КIуэкIуэм.

Урысей Федерацэм и Президентым УФ-м Федеральнэ  Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэр сыхьэтыр 12-м щIедзэ. Ар къагъэлъэгъуэнущ «Первый», «Россия 1», «Россия 24» телеканалхэмкIэ, «Российская газета»-м и сайтымкIэ, нэгъуэщI хъыбарегъащIэ къыдэкIыгъуэхэмкIэ.

Поделиться: