УФ-м и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам теухуауэ я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуащ КъБР-м и Парламентым и фракцэхэм я унафэщIхэм

АфэщIагъуэ Михаил, КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетымрэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм «Урысей зэкъуэт» партым и къудамэу щыIэмрэ я унафэщI: 
- УФ-м и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къэралым и пашэм щигъэбелджылащ къэкIуэну илъэсихым дызэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэ­хэмрэ къалэн нэхъыщхьэхэмрэ.
Президентым къызэрыщIи­дзар дзэ Iуэху хэхам ехьэлIахэмкIэщ. Ар теп­сэлъыхьащ къэралыр зауэлI­хэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэры­зыщIи­гъакъуэм, а лэжьыгъэр зэрырагъэ­фIэкIуэнум. Путин Владимир къытеувыIащ 2018 гъэм зытепсэлъыхьауэ щыта Iэщэхэр мы зэманым жыджэру къагъэсэбэпыф зэрыхъуам. Къэралым и Iэтащхьэм къыхигъэщащ зыхъу­мэ­жыныгъэмрэ дзэр IэщэкIэ зэщIэу­зэ­дэнымрэ хухаха мылъкур тэмэму къызэрагъэсэбэпам щыхьэт зэры­те­хъуэр УФ-м и дзэм къигъэлъагъуэ зэфIэкIыр. 
Зэрызыхуигъазэм и япэ Iыхьэм Путин Владимир и гугъу щищIащ къэралым и политикэ щIыб Iуэхухэми. Урысейм и ­политикэ кIуэцI Iуэхухэм ехьэлIауэ къалэн нэхъыщхьэу абы къигъэлъэгъуахэм ящыщщ къалъхум и бжыгъэм хэгъэ­хъуэныр, узыншагъэр егъэфIэкIуэныр, къулейсызу къалъытэ унагъуэхэм я хэхъуэхэр нэхъыбэ щIыныр (апхуэдэу цIыху мелуан 13,5-рэ диIэщ), бынуна­гъуэшхуэхэм зэрызыщIагъакъуэ IэмалыщIэхэр убзыхуныр. А гугъуехьхэр къызэнэкIа хъуным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIынущ.
Президентым къиIэтащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и Iуэхухэри: адэкIи пащэнущ апхуэдэ IуэхущIапIэхэр зыхуей хуагъэзэным, гу-лъынтхуэ узы­фэхэм, узыфэ хьэлъэхэм, нэгъуэщIхэми зэреIэзэ Iэмалхэм хагъэхъуэным, медицинэ IэнатIэхэм зегъэужьыным. 
Пащэнущ школыщIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ ухуэнми. 2025 гъэм къыщы­щIэдзауэ программэ щхьэхуэкIэ елэ­жьы­нущ гъэсапIэхэр зэгъэпэщыжы­ным.
ДяпэкIи къэралым гулъытэ хэха хуи­щIынущ хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ, щIыналъэхэм я зыужьыныгъэм мылъку къыхегъэлъхьэным.
Къапщтэмэ, IуэхуфI къызыдэкIуа программэ псори 2030 гъэ пщIондэ иджыри ягъэзэщIэнущ. Шэч хэмылъу, абыхэм щIэхэри къахэхъуэнущ, IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным, Урысейм и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ.
Къыхэзгъэщыну сыхуейт Путин Владимир къызэрытеувыIар щIыналъэхэм я зыужьыныгъэм. Президентым къы­хилъхьащ бюджет щIыхуэу щIыналъэхэм ятелъым и Iыхьэ щанитIыр къыхуагъэгъуныр. Абы и фIыгъэкIэ къахудэхуэну ахъшэр халъхьэфынущ щIыналъэхэм зезыгъэужьыну Iуэхухэм. ­КъищынэмыщIауэ, апхуэдэ Iуэхухэм ятещIыхьауэ къащтэ щIыхуэхэм процент нэхъ мащIэ техьэу ящIынри хэлъщ. Урысей Федерацэм и щIыналъэхэр 2030 гъэм ирихьэлIэу сыт и лъэныкъуэкIи ефIэкIуэн зэрыхуейр мурад быдэу зэраIэр жиIащ Президентым. 
Ди пашэм и Зэрызыхуигъазэм къалэнышхуэхэр къыщигъэлъэгъуащ, ахэр гъэзэщIа хъунми ахъшэшхуэ хуау­тIыпщынущ. Дэ абы жиIахэр тэмэму зэпкърытхыу, ди пщэрылъхэр щIыналъэхэм зэрыщыдгъэзэщIэным и ужь дихьэн хуейщ.
Пащты Борис, «КПРФ» партым ­КъБР-м и Парламентым щиIэ къудамэм и унафэщI:
- Къэралым и Iэтащхьэм и псалъэр иублащ мы зэманым мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхумкIэ - СВО-р зэрырагъэкIуэкI щIы­кIэр, къэралымрэ цIыхухэмрэ абы ехьэлIауэ ялэжьыр къызэщIэзыубыдэмкIэ. Псори зэуэ къызэщIэпкъуэжмэ, Зэрызыхуигъазэм и лъабжьэр цIыхухэм яIэ гугъуехьхэр зэрагъэкIуэдыну хэкIы­пIэхэращ. 
КПРФ-м гулъытэ зыхуищIхэм я гугъу пщIымэ, псом япэу къыхэзгъэщынут Зэрызыхуигъазэм нэсу зэрыщыгъэбелджылар цIыхум я псэукIэр зэрырагъэфIэкIуэну Iэмалхэр - унагъуэхэм, бын­унагъуэшхуэхэм зэрызыщIагъэ­къуэнур, цIыхубэ лъапIэныгъэхэр зэ­рахъу­мэнур, тхьэмыщкIагъэм зэрыпэ­щIэ­тынур, къэрал лэжьапIэ Iутхэм я улахуэр хэгъэхъуа зэрыхъунур.
Нэхъыщхьэращи, къэралым и Iэтащхьэм гулъытэ ин хуищIащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ епха гугъуехьхэм. Коммунистхэм мызэ-мытIэу а Iуэхухэр къэтIэтауэ щытащ. КъищынэмыщIауэ, дэ къыхэтлъхьа Iуэхухэм ящыщщ налогыр зэрытрагуашэ щIыкIэр егъэфIэкIуэн зэрыхуейр. Абыи тепсэлъыхьащ Путин Владимир. Псалъэм папщIэ, абы къыхилъхьащ «зи хэхъуэхэр нэхъыбэхэм ят налогыр нэхъ захуэу тегуэшэнымкIэ бгъэ­дыхьэкIэ тэмэмхэм егупсысыныр».
Зэрызыхуигъазэм щыжыIахэм мыхьэ­нэшхуэ зиIэу къыхэгъэщыпхъэхэм ящыщу къызолъытэ къэралыр щIыналъэхэм зэрадэIэпыкъуну щIыкIэри. Президентым къигъэлъэгъуа къалэнхэм, шэч хэмылъу, ирагъэфIэкIуэнущ ди цIыху­хэм я псэукIэр. АдэкIэ псори зэлъытар ахэр зэрагъэзащIэрщ.
Кебеков Владимир, «Захуагъэ здэ­щыIэ Урысей - Пэжым и телъхьэу» партым КъБР-м и Парламентым щиIэ къудамэм и унафэщI:
- УФ-м и Президент Путин Владимир и иджырей Зэрызыхуигъазэр къэрал политикэ кIуэцIми щIыбым дежкIи тегъэ­щIапIэфIщ. Абы гулъытэшхуэ щых­уи­щIащ ди къэралым и зыхъумэжы­ныгъэм и зэфIэкIми, дзэ-промышленнэ IэнатIэхэм я зыужьыныгъэми, Iуэху­щIапIэщIэхэр къызэгъэпэщынми, иджырей Iэщэхэр къыщIэгъэкIынми. Къэралым и Iэтащхьэр пхъашэу те­псэлъыхьащ НАТО-м хэт къэрал щхьэхуэхэм я къыхуеджэныгъэхэм ­дуней псор зэрызэхагъэзэрыхьыфы­нум. Абы щыгъуэми ди пашэм къыхигъэщащ Урысейр хэмыту дунейр зэ­пIэзэрыт зэи зэрымыхъунур.
Президентыр къытеувыIащ нэхъ зэфIэкI зиIэ къэралиблым я ехъулIэныгъэхэм БРИКС-м хиубыдэ къэралхэм я зыужьыныгъэр зэрынэблэгъар. «Урысейр АСЕАН-м, Африкэм, хьэрып къэ­ралхэм зэрыпыщIам жыджэру зеужь», - жиIащ Путин Владимир, зи гугъу ищI Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщу.
Урысейм и Президентым къигъэлъэгъуащ къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнми, къалъхум и бжыгъэм хэгъэхъуэнми, псэукIэр егъэфIэкIуэнми гулъытэ зэ­рыхуащIыпхъэр. АбыкIэ сэбэп хъуну къэралым и Iэтащхьэм къигъэлъэ­гъуащ «Унагъуэ» лъэпкъ проектыщIэр. Ар бын­унагъуэшхуэхэм тещIыхьауэ щытынущ икIи щыпсэун зэрагъэпэщынымкIи щIэгъэкъуэныфI яхуэхъунущ. 
Президентым къыхигъэщахэм ящыщщ тхьэмыщкIагъэр проценти 7-кIэ нэхъ мащIэ зэрыхъуари. Абы дыщIигъуащ сабий къыщалъхукIэ анэм ахъшэ зэрырат Iэмалым 2030 гъэ пщIондэ зэрызрагъэубгъур. Путин Владимир къигъэлъэгъуащ нэгъуэщI проекты­щIэхэми елэжьын зэрыщIадзэр. Апхуэдэщ: «ГъащIэ нэхъ кIыхь, узыншэ ехьэкIын» зыфIащар. Ар хуэгъэзауэ щытынущ Урысейм ику иту илъэс 80-м нэс псэууэ щыщIыным елэжьыным. «Урысейм и щIалэгъуалэр» лъэпкъ проектыр - ар «ди къэралым и къэкIуэнум тещIыхьа Iуэхущ». Дэтхэнэ проектым щхьэкIи зыхуеину мылъкур зыхуэдизыр къигъэлъэгъуащ.
Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуи­гъазэм къызэщIиубыдащ къэралым зэрызиужьыфыну лъэныкъуэ псори. Псом нэхъыщхьэу ар хуэгъэзащ цIыхум я псэукIэр нэхъыфI зэрыхъунум. 
Безгодькэ Владимир, КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ, «ЛДПР» партым республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм щиIэ и къудамэм и унафэщI:
- УФ-м и Президентыр Федеральнэ Зэхуэсым ЗэрызыхуигъэзамкIэ абы Iуэхум дыхигъэгъуазэ къудейкъым, атIэ 2030 гъэ пщIондэ дызэлэжьыпхъэхэр зэхэхауэ къытхуигъэлъэгъуауэ аращ. Абы IупщIу къыхощ ди къэралым и щытыкIэр мы зэманым зыхуэдэр, ду­ней псом щиIэ увыпIэр, щIыналъэ уна­фэщIхэм яхуигъэув къалэнхэр. Псори зыхуэунэтIар сыт и лъэныкъуэкIи ­ехъулIэныгъэ дызэриIэнырщ. Шэч къытетхьэркъым зэман гъунэгъум Урысейр нэхъыфIу зызыужь къэралиплIым зэ­рыхэтынумрэ зыхъумэжыныгъэ IэмалхэмкIэ пашэ зэрыхъунумрэ.
Президентым жэуап нэс иритащ зэ­къуэува КъухьэпIэ къэралхэм дагъэ­шынэну зэрыхэт Iуэхухэм ятеухуауи. Абы жиIащ дзэ Iуэху хэхам ахэр къыщыттекIуэну е ди цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр «зэкъуачыну» я гущхьэ къагъэкIыххэн зэрыхуэмейр. Си гугъэмкIэ, абы и псалъэхэр щызэхахащ дуней псом.
Ди пашэм и Iуэху еплъыкIэхэр дэ дыдоIыгъ. СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ, бийм дытекIуэнымкIэ, лъэпкъ куэду зэхэт Урысейм и зэкъуэтыныгъэр къэмыгъэлэнджэнымкIэ ди Президентым иригъэкIуэкI лэжьыгъэр щхьэпэщ.
Зэрызыхуигъазэм къыщыхьащ бынунагъуэшхуэхэм зэрызыщIагъэкъуэну ­IэмалыщIэхэр, цIыху бжыгъэм хэгъэ­хъуэнымрэ псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ хуэгъэза Iуэхугъуэ пыухыкIахэр. Дэф­тэрыр ди стIолыщхьэм тетлъхьэу, абы къыщыгъэлъэгъуахэр нобэ щыщIэдзауэ депутатхэм гъуэгугъэлъагъуэ тхуэ­хъун хуейуэ къызолъытэ. «Дызыуна­гъуэшхуэщ!», - жиIащ Президентым. Абы къикIращи, дызэкъуэтмэ, тхузэфIэ­мыкIын щыIэкъым.
Щхьэгъэпсо Сэфарбий, КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр ­хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ, КъБР-м и Парламентым хэт «ЩхъуантIэхэр» партым и унафэщI:
- 2030 гъэ пщIондэ Урысейм псэукIэр щегъэфIэкIуэным, экономикэ шына­гъуэншагъэм (финанс, налог ухуэ­кIэхэр), социальнэ Iуэхухэм (егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, спортымрэ физическэ щэнхабзэмкIэ IэнатIэхэр) щIыуэ­псыр хъумэным, ухуэныгъэмрэ гъуэгухэмрэ зегъэужьыным тещIыхьащ ­УФ-м и Президент Путин Владимир и Зэрызыхуигъазэр. Абы и купщIэу сэ къэс­­лъытэр Президентым къыхигъэща мыпхуэдэ и псалъэхэращ: «Дэ гъащIэр къыхыдох». Псори щIэтщIэр цIыхумрэ абы и унагъуэмрэ зыми и жыIэм щIэмыт щIыналъэ къабзэм зыхуей щыхуэзэу щыпсэун папщIэщ. А мурадым ды­лъэ­Iэсын щхьэкIэ, Iуэху бгъэдыхьэ­кIэщIэхэр нобэ къыхалъхьэ. Ахэр: «Унагъуэ», «IэщIагъэлIхэр», «ГъащIэ нэхъ кIыхь, узыншэ ехьэкIын», «Экономикэ» лъэпкъ проектхэрщ. «Псы къабзэ», «Хьэуа къабзэ» программэхэр зэхагъэуващ, ди щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр ­хъу­мэ­ным- рэ абыхэм зэран яхуэмыхъуу зыгъэ- ­псэ­хупIэхэм зэрызрагъэужьынумрэ къыщы­лъытауэ. 
Улахуэр зэратым, налогхэм, финанс Iуэхухэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэну ди пашэм къегъэлъагъуэ. А Iэмалхэри зыхуэгъэзар къэралым и экономикэр лъэщ зэращIынымрэ ахъшэр Урысейм ирамыхыу, хэкум къыщагъэсэбэ­пы­жыным, абы и зыужьыныгъэм хегъэлъхьэным къыхуеджэнымрэщ. 
Президентым ткIийуэ къыхигъэщащ ди къэралым и Iуэхухэм зыри къыхэIэбэу зэримыдэнур. Абы къыхэкIыу Урысейм и еплъыкIэхэр тхъумэныр ди къалэн пажэхэм ящыщу къызолъытэ.
Зэрызыхуигъазэм къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр дгъэзэщIэным, шэч хэ­мылъу, ахъшэшхуэ хуейщ, ар губзыгъэу, сэбэп пылъу къэгъэсэбэпыпхъэщ.

Поделиться: