Дунейпсо зэхьэзэхуэр къапоплъэУрысейм универсальнэ зэуэкIэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 16 - 17-хэм ит ныбжьыщIэхэмрэ илъэс 18-20 зи ныбжь щIалэгъуалэмрэ. Къэралым и щIыналъэ 45-м я лIыкIуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ цIыху 600-м щIигъурт. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, «Лайт» зэпеуэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм ещанэ увыпIэр къихьащ. Япэ хъуар Мэзкуу областым и спортсменхэрщ, етIуанэр мэзкуудэсхэрщ. «Классика» зэпеуэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм япэ увыпIэр иубыдащ. ЕтIуанэр Иркутск областым къикIахэрщ, ещанэр – Кемеровэ областым и лIыкIуэхэрщ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ универсальнэ зэуэкIэмкIэ дунейпсо чемпионатым хэтыну. БАТОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
06.05.2024 - 15:33 →
Тхум щыщу тIум
06.05.2024 - 14:02 →
Спорт хъыбархэр
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
|