КаратэмкIэ зэпоуэСтаврополь крайм киокусинкаймкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ а щIыналъэм и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм ягъусэу абы щызэпеуащ Астрахань областым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным я спортсмену 200-м нэблагъэ. Ди республикэм и щIыхьыр яхъумэу абы щызэуащ каратист ныбжьыщIэу 11 икIи, абыхэм ящыщу, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Таттаевэ Аминэ (кг 40), Биткаш Ашшур (кг 40), Хомченкэ Валерэ (кг 45-рэ), Шыд Ислъам (кг 60) сымэ. Дыжьын медалхэр къыхуагъэфэщащ Мусэ Имран (кг 40), Хьэмыкъуэ Астемыр (кг 55-рэ), Конторин Роман (кг 50) сымэ. Ещанэ увыпIэр къихьащ Къэзанш Арсен (кг 40). Командэм и тренерхэр Биткашхэ Давидрэ Емельянрэщ. АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
|