Дзэлыкъуэкъуажэ Iэ щиIэтащДзэлыкъуэ щlыналъэм щылажьэ хэхыпlэхэм цlыхухэр куэду йокlуалlэ. Я къалэн ягъэзащlэ, къыхузэрагъэпэщ концертхэми я гуапэу йоплъ. Унагъуэ-унагъуэурэ lэ яlэт, зэлэжьэгъухэр зэщlыгъуу lуэхум зэдыхэтщ. Щlыналъэм и къуажэхэм щыщ нэхъыжьхэри, илъэс 18 ирикъуа щlалэгъуалэри хэхыпlэхэм йокlуалlэ жыджэру. Унэм къыщlэкlыну lэмал зимыlэхэм я деж йоблагъэ хэхакlуэ комиссэм хэтхэр. Урысейм и Президентыр щыхах щlыпlэ №65-м lэ щиlэтащ КъБР-м и Парламентым и депутат, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ Бжьахъуэ Ранетэ. - Урысейм и Президентым и хэхыныгъэхэм кlэлъоплъ дуней псор. Дэтхэнэми къыгуроlуэ: абы кърикlуэнухэм елъытащ къэралым и къэкlуэнур, дунейм абы политикэ щытыкlэ къыщигъэлъэгъуэнур. Абы къыхэкlыу, Урысей Федерацэм щекlуэкl lуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэм дыхэтын хуейщ дэтхэнэ цlыху балигъри. Абыкlэ жэуап тхьыуэ къызолъытэ. Сэ къыхызох Урысей лъэщыр, зызыужьыр, щlэблэм я къэкlуэну насыпыфlэр! – жиlащ Ранетэ. Щlыналъэм щылажьэ хэхыпlэ 25-м я бжэхэр зэlухащ. Нобэ хэхыныгъэхэм я ещанэрей – иужьрей махуэщ, сыхьэтыр 20:00 хъуху екlуэкlынущ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|