Мэкъумэш техникэм и лъэщагъымкIэ

Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я мэкъумэш IэнатIэхэр электрокъарурэ механикэ къарукIэ къызэрызэгъэпэща щIыкIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр иIыгъщ.

Псалъэм къыдэкIуэу, техникэм и лъэщагъыр къызэралъытэ шы къару мардэм тепщIыхьмэ, апхуэдэу 230,5-кIэ гектари 100 къэс хуэзэу щIым щелэжьащ 2023 гъэм. Мы бжыгъэхэмкIэ ди республикэр иужьрей илъэситхум КИФЩI-м щыпэрытщ. Ар къызыхэкIыр мэкъумэш техникэщIэхэр лэжьыгъэм илъэс къэс къызэрыхашэрщ. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу ди мэкъумэшыщIэхэм техникэщIэ зэхуэмыдэу - комбайнхэр, тракторхэр, нэгъуэщIхэри - псори зэхэту 658-рэ къащэхуащ, абы щыщу 204-р блэкIа илъэсым.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: