Зыужьыныгъэм и ублапIэм деж

Къэбэрдей-Балъкъэр телечэщанэ цIэрыIуэр Хьэршым и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблащ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщащ.
ЦIыхур уэгум япэ дыдэу щихьа махуэр техникэмрэ телевиденэмрэ я зыужьыныгъэм лъабжьэфI хуэхъуауэ щытащ. Гагарин Юрэ уахэм ихьэу илъэсиплI дэкIа нэужь, телезэпыщIэныгъэхэр гъэпсынымкIэ «Щыблэ» («Молния») зи фIэщыгъэ IэрыщI спутникыр 1965 гъэм яутIыпщауэ щытащ. Абдеж къыщегъэжьауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм Мэзкуу щекIуэкI Iуэхугъуэхэм телевиденэмкIэ занщIэу еплъыну Iэмал хъарзынэхэр яIэ хъуащ.
Нобэ Урысейм телевиденэмрэ радиомкIэ нэтынхэр къэзыт и къэралпсо хъым (РТРС) – хэгъэгум иутIыпща спутник IэрыщI гупыр зыгъэлажьэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Абы игъэхьэзыр нэтынхэр а спутникхэм я фIыгъэкIэ зи сыхьэт къэлъытэкIэр щызэщхьэщыкI щIыпIэ 11-м ялъоIэс. Бжыгъэхэр зи тегъэщIапIэ урысейпсо телехъым станц 5051-рэ егъэлажьэ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхум и нэм зэ плъэгъуэкIэ къыхуэубыдыну вагъуэ бжыгъэм нэхърэ фIыуэ нэхъыбэщ ар. Урысейм телевиденэмрэ радиомкIэ нэтынхэр къэзыт и къэралпсо хъым и ныпыр 2019 гъэм уахэм щыIащ. Ар абы зыхьа уахэрызекIуэ Скворцов Александр Дунейпсо уахэ станцым щылажьэ, антеннэ къызэрыгуэкIым нэтынхэр къезыгъэубыд Iэмэпсымэр Iуичри, бжыгъэр зи лъабжьэ телевиденэ занщIэм и гъуэгур зэIуихауэ щытащ.
Сыхьэт 19-м щегъэжьауэ 00.00-м нэсыху телечэщанэ нурым УФ-м и ныпыр, «Мэлыжьыхьым и 12-р Хьэршым и махуэщ» ежэкI сатырыр, хьэрэкIытэм и лъэтэгъуэр, Гагарин Юрэ и сурэтыр къызэпхидзу техникэм и лэжьыгъэри яутIыпщащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, нурым идзыну уджым пиксель мини I0340-рэ хъу уэздыгъэ цIыкIухэмрэ нурыдз уэздыгъэшхуэхэмрэ (прожекторхэмрэ) къатещынущ. Абы Iэмал къитынущ нэхум зызыхъуэж плъыфэбэхэр джэгуурэ зэблигъэкIынымкIэ, и пIэм имыкI теплъэгъуэхэмрэ къэзыуфэрэзыхь сурэтхэмрэ зыр зым иужь иту уэгум къридзэнымкIэ. Уэздыгъэ цIыкIухэри уэздыгъэдзхэри дунейм и щытыкIэ зызыхъуэжхэм хуэщIащ, псыIагъым щыхъумащ, уэздыгъэ къаруушхуи имышхын хуэдэу гъэпсащ.
МахуэщI телечэщанэ джэгур Урысейм и къалэ 30-м щыпагъэнэнущ. Абыхэм ящыщщ Мейкъуапэ, Черкесск, Сочи, Нэзран, Грознэ, Дон Iуфэ Iус Ростов, Воронеж, Братск, Новгород Ищхъэрэ, Тамбов, Тверь, Омск, Челябинск, Ярославль, Улан-Удэ къалэхэр, нэгъуэщIхэри. Зи цIэ къитIуа къалэхэм дэт телечэщанэхэм хъуэхъубзэхэр хэту нэхур ирагъэдзынущ, Грознэ, Тэн Iус Ростов къалэхэм я телечэщанэхэм теплъэгъуэбэу зэхэт гуфIэгъуэ гъэлъэгъуэныгъэхэр къызыхэщ нур джэгухэр зэхашэнущ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и телечэщанэшхуэм метри 180-рэ и лъагагъщ. Абы и лэжьыгъэр щIэрыщIэу яутIыпщыжат щIыналъэм и махуэщIым ирихьэлIэу. Телечэщанэр щаухуар 1968 гъэращ. Кавказ Ищхъэрэм ит апхуэдэ ухуэныгъэхэм ящыщу мыращ нурыбэ зэщIэблэ япэу зиIэ хъуар. Абы и къэщIэрэщIэжыным къыдэкIуащ телечэщанэм игъэзащIэ къалэнхэр нэхъыбэ зэрыхъуар, и лъэщагъми хэпщIыкIыу къызэрыхэхъуар. ДяпэкIи абы и зэщIэблэкIэм, идз тхыпхъэхэм зыпхуегъэхъуэжынущ, программэ щхьэхуэ иIэу мэлажьэри, щIэхэр хэбгъэхьэ хъунущ. Архитектурэ и лъэныкъуэкIэ, сурэтрэ тхыпхъэу къищIыкIхэм я IуэхукIэ уеплъмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и телечэщанэми хуэдэ щыIэкъым. Ухуэныгъэр ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и гъунэгъуу, щыхьэр уэрамышхуэм и ублапIэм зэрыщытым къыхэкIыу, ар малъхъэдис къарукIэ еузэд, уардэу къалэм къызэрыщхьэщытым ар къэгъуэтыгъуафIэ ещI. ЖыпIэнуращи, иужьрей лъэхъэнэм телечэщанэр ди щIыналъэм и дамыгъэ дахэхэм ящыщ хъуащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: