Зыкъамыту хэкIуэдащ

УФ-м и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм Iэщэ яIыгъыу къазэрыпэщIэувам теухуауэ.

КъызэратамкIэ, 2024 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м, пщэдджыжьыр сыхьэтиплIым, Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм экстремист, террорист Iуэхухэр зылэжьхэр къалъыхъуэным икIи убыдыным ехьэлIа лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIыу Налшык къалэм пэмыжыжьэу щыIэ хадэхэкIгъэкIхэм я зэгухьэныгъэхэм язым къащагъуэтащ IэщэкIэ зэщIэузэда цIыхухъуитI. Хабзэхъумэхэм абыхэм зыкъатыну хуагъэувати, IэщэкIэ къеуэу щIадзащ. Апхуэдэу щыхъум, ахэр яукIащ.

Следственнэ управленэм и лэжьакIуэхэм ар къыщыхъуа щIыпIэр къыщызэхаплъыхьым къагъуэтащ ягъауэ Iэщэ зыбжанэ, абыхэм иралъхьэ шэхэр, гранатэхэр.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: