ЗЭШЫПХЪУИБЛ

Ипэм деж, укIытэм ихьу, лъэныкъуитIри тIэкIу
Iэнкунт,
Угупсысэ-умыпсалъэу, илъэс дапщэ пхуехьэкIын?

КъэкIуагъащIэу, псэупIэщIэм жэщитI хуэдэ щрахауэ,
Мыгъэзэш шей къахущIехьэ, шэ гъэпщтакIэ зэIихауэ.

Iэнэм нызохьэс щыжиIэм, Щабэ и хьэ банэ макъ
Я куэбжэпэм къыщыIуати, Кубра цIыкIур щIэлъэтащ.

- Сыт ар? - Уэзир къогузавэ, бзэ къыхихым гу лъимытэу.
- Жэмхэр къыдохьэжри, ди хьэр, япежьауэ тIэкIу мэшхыдэ.

Ар къэзыпсэлъа Iэкуандэ, бзагуэ хъуамэ нэхъ къищтэнт,
Ауэ хьэщIэ нэмысыфIэр, жэуапыншэу къэбгъэнэнт?!

Шейм етIысылIа зэшыпхъухэр къэгушхуауэ мэгушыIэ:
«Кубра и гур щабэ хъунущ, Щабэ бжьакъуэм зрипщытмэ»

АдэкIэ къэхъуар фэр-фэру, зэхэфлъхьэнуми фыхуитщ,
Захуэ Къэрэгъул и унэр бзэщIэныгъэ институтщ.

Зы еджапIи ухуеижкъым, мы унагъуэм ущепсыхмэ,
ЗымкIэ даIуи - пIалъэ гуэркIэ уэршэрыбзэр инджылызырщ.

Iэнэм тIысмэ - адыгэбзэр фэмрэ лымрэ нэхъ йозэгъ,
Ауэ я щIалэ нэхъыщIэр къуажэ школым кIуэн хуей мэхъу.

РэIисщ и цIэр а шужьейуэ зэ къыIуплъар зытхьэкъуфым,
Хэкум къэмыIэпхъуэжамэ, адэм ещхьу дзэм хэтынут.

ЕджапIэщIэм илъэс закъуэ щеджэфыну? ТIэкIу бзэмыIущ.
Урысыбзэм хэзэгъамэ, «Щамым щыщ» фигъэлъагъунт.

Псысэ ныбэ хъыджэбзыфIым къехъулIари гъэщIэгъуэнкъэ?
И пщIыхьэпIи къыхэмыхуэу Кубра хэгъэрей къыхуохъу ар.

Ныбжьым ещхьу къыбгъурыту, здиунэтIым нэс негъэс,
Дэлъху нэхъыжьыр уи Iимаму, зэи пщIагъэнкъым уэ нэмэз.

ЗэрыцIыкIурэ тхьэлъэIу щэхукIэ КъурIэн лъапIэрат щIэлъаIуэр,
Iум Уэзир (я «хьэщIэ - мамэ») хуохъу хъыджэбзым егъэджакIуэ.

Уэри «Iэлъхьэм» псэхэлъхьэжым къикIыр пщIамэ уи насыпт,
Тхылъ телъыджэр къыпхуозэшри телъщ уи дапхъэм, зэгъэцIыху!
Кубра зэпеуэм зэрыхэтар

Iущкъэ усэ зэхэзылъхьэр, и бзэр щамыджыж лъэхъэнэм?
Щыгум укъеджэрэзэхмэ, Iэмал закъуэр улъэтэнырщ.

Тлъагъум цIэ къыхуэдгъуэтыныр, псэ зыIутым ди пщэрылъщ,
ЦIыхур зэрыщыту псалъэщ - акъыл зиIэм бзэ Iурылъщ.

Абы къикIкъым уи жьэ къихьыр уутIыпщкIэ улIыхъужьу,
Бзагуэ узыщIын мымащIэу, уи гъуэгу къытезэрыхьынущ.

Зэхэзылъхьэхэм уащыщми, бзэгу лъэдакъэм лъэхъу игъэлъ -
ЖыпIэр гум къыбгъэдэмыкIмэ, фэрыщIыгъэм уригъэрщ.
 
Нэхъыжьихым я хъыбарым ди гъэфIэныр тфIыхогъуащэ,
Мы гъэм университетыр къиухынущ Кубра-гуащэ.

Iэдииху и нэхъыжьыгъуэщ, япэ итхэр унэ исщ,
Ахэм я хъыбар вжетIэну, къытхуэвгъэгъу, дыхунэмыс.

Кубра гукъыдэж иIэжкъым: Налшык къалэ ираджауэ
«Лыбжьэ» зыфIаща зэпеуэм, пщащэр хагъэтыну жаIэ.

Жып куу гуэрым псапэ папщIэу Iуэхур къызэрегъэпэщ,
Къуажэ къэс зы хъыджэбз пщафIэ къагъэкIуэну я къалэнщ.

Зэхьэзэхуэ фIэпщми, лъэпкъым, бгъэдэлъ фIыгъуэхэр хъумапхъэт,
«Плов щыIэмэ, узбек щыIэщ», - жезыгъэIэхэр ди щапхъэщ.

Адэращ зыхуаIуэхуари, зыбгъэщIагъуэмэ, емыкIущ.
Зы шыуан ихуэну лыбжьэ упщэфIыныр мыIуэху гугъут.

Ауэ… Къуажи жыли къоплъу, дауэ узэрыIэбэнур?!
Данэху кIуами хъунт… Уи адэм дауэ узэредэуэнур?!

Зиущэхунщи истихъарэм и духьэмкIэ елъэIунщ:
«Ялыхь, Iуэхур пфIэкъабылмэ, сыхэтыныр псынщIэ сщыщI!»

Нэху къыщекIым, нэхъ зыхищIэу и гузавэр тIэкIу мэкIуасэ,
Унэм щIэсхэр игъэтхъэжу, зэхьэзэхуэм зыхуегъасэ.

ЗэрыкIуэнур хьэкъ щыхъуати, и тхьэлъэIуми зихъуэжащ:
«Ерыскъы хьэлэлым тепщэу, иIэр Уэ зы закъуэращ.

Си Iэ зэIуса шхыныгъуэр, хуэщI хущхъуэгъуэ ар зыIухуэм».
ЕхъулIакъэ а хъыджэбзым и Iэнэ хъурейм пэрыхуэм.

Махуэр макIуэ, гъащIэр макIуэ, зэхьэзэхуэри къэсынщ,
Кубра абы щытекIуэну фи гум жиIэ къыщIэкIынщ.

Ураджамэ, утекIуакъэ, сыт а къомыр къептхэкIыжкIэ?
Iуэхур адэкIэ зыхуэкIуэрщ нэхъри нэхъ хьэлэмэтыжыр.

УхущIыхьэмэ, къэдаIуэ - мыр зэхыумыха хъыбарщ,
Зэхьэзэхуэр зыублахэм мурад дахэ къызэкъуах.

ЩIалэм лъэпкъ шхын зегъэсапIэ зэригъэпэщыну хуейуэ,
ИригъэкIуэкIауэ жеIэ пщащибгъу зыхэта зэпеуэр.

Адыгэ пщэфIэкIэр щаджу къэралыгъуэ институт,
Абы къедза хьэщIэщ дэгъуи къыгуащIыхьыжамэ хъунт.

ТекIуэныгъэр хэгъэгу жыжьэхэм къикIахэм трагуашэ:
Япэр - Адыгейм и лIыкIуэм, етIуанэр - шэрджэс пщащэм,

Ещанэрейр Тэрч адрыщIым къикIа цIыкIум иратащ,
«Еплъхэм къыхахам и тыгъэр» зыхуагъэфэщар Кубращ.
 
Джэгу яублэ. УафIэкIуэжмэ, дауи, я жагъуищэ хъунущ.
ЗаIэжьэнщ, утыку ихьэну зыми къыхигъэзыхьынкъым.
Ауэрэ ахъшэмыр къохьэ, хущIэмыхьэм зыкъещIэж,
Къэрэгъул и Тхъуэжьей псынщIэм и унагъуэр йотIысхьэж.

Кубра егъэджакIуэу лэжьэн щIедзэ

Кубра къыщиух илъэст ар. И дипломыр диплом плъыжьщ,
И лэжьапIэр хьэзырыххэщ, ауэ ар IэщIагъэм щыщ?

Хьэрыпыбзэм ухуеджауэ, шхыным гъащIэр тебгъэкIуадэу…
Адыгэ IуэхущIапIэу щытми, урысыбзэщ къагъэщхьэпэр.

Мэгупсысэ, мэгупсысэ… «Хьэуэ» жиIэмэ, емыкIу?
Егъэджэн фIэмыфIу щыткъым, пщэфIэн IуэхукIи мыхуэмыху.

Адэм жеIэ: «Зэ щIредзэ, игу ирихьыжынум тщIэрэ?»
Анэм: «Езыр къыщелъэIукIэ, Тхьэм къытхуигъэфащэ гуэрщ ар».

Гъэ еджэгъуэм щыщIидзэжым институтыр къызэIуах,
И зэфэкI ярихьэлэну Куу «лъэIу тхылъи» къыхуагъэхь.
 
«Адыгэ Iэнэ зехьэкIэ» зыфIаща дерс гъэщIэгъуэным
Илъэс псокIэ и гъэсэнхэр хуригъэджэфыну пIэрэ?

КъалэныщIэр хьэл пхуэхъужыху, тIэкIуи утогузэвыхь,
ЯжеIапхъэр къыпхухэхмэ, шхын пщэфIыныр хы кууфIщ.

Куу хуэм-хуэму къыгуроIуэ и IэнатIэм и лъапIагъыр,
«Мыхъумэ» жиIэу, мыгужьеймэ, зэзэмызи иропагэ.

Пщащэ тIощI хуэдиз къокIуалIэ, зэкIэ зрегъэдэIуэф,
Нобэ хуэдэм зрагъащIар, пщэдей ираупщэфIэкI.

Адыгэ Iэнэ зехьэкIэм хэлъу хъуар къытхуэIуэтэн дэ?
Ахэр нэсу зэдгъэщIамэ, дылIэжыху дыузыншэнти.
 
Кубра цIыкIухэм яжриIэм уедэIуэну сыту лъэщт,
Тхылъу иIэр щIиджыкIыжу, дерс къэс и Iэзэгъуэ хэлъщ.

Месри, зэIэпах епщIауэ егъэджакIуэм къипсэлъахэр
Пщащэ гуэрым иригъэтхри инстаграмым кърилъхьауэ.
 
«Шхыныр зытри зыубыдри ди Тхьэ дыкъэзыгъэщIарщ,
И гур къабзэу пщафIэ цIыхум «бисмиллахьыр» и бэлагъщ».

Адрей лъэпкъхэм хабзэ дахэу ядилъагъухэр яхуеIуатэ,
Нэхъ нэIуасэ зэхуэхъухукIэ, Кубра и бзэри къетIатэ.

Псалъэм папщIэ, инд лъэпкъыжьым, тебгъэувэ ерыскъым
Нэр, пэр, бзэгур игъэгуфIэу щытын хуейуэ еукъуэдий.

«ПщэфIэн Iуэхум гъэщIэгъуэну дэплъагъункIэ хъунур щхьэпэщ:
Сыти хэлъхьи, IэфI щыхъунур зыхуупщэфIыр фIыуэ плъагъумэщ», -

Ар жызыIэ узбек щIалэм и цIэр Мэхьмудхэ Кэримщ -
Тхьэм жэнэткIэ игъэгуфIэ - тхылъыфI Iэджи и щIэинщ.

Бгырыс лъэпкъхэм я пщэфIэкIэм зэщхьу хэлъхэр зэрагъапщэ,
ЦIыху мэжалIэм елIэлIэныр щэныфIагъым и зы щапхъэщ.

ЛIыкIуэ лъапIэм хуэза блэшхуэм къиIэтари мыIуэху цIыкIу:
«НэмэзмыщIым и пщэфIыгъэм гур фIыцIабзэу къресыкI».
 
Иригъаджэ хъыджэбз тIощIыр дерсым нэжэгужэу къокIуэ,
Я еджэкIэм къегъэлъагъуэ - лъэныкъуитIыр зэгуроIуэ.

 Кубра зэрырахьэжьар

Махуэ гуэрым, дерс нэужьым, Кубра къуажэм къэблэгъэжу,
«Шэрхъыр къэуащ», - къажреIэ я маршруткэм дэс щIалэщIэм.

Бгъэзэжынущи - гъунэгъукъым, нэсыжынущи - нэхъейщ,
Ежьэнщ шэрхъыр ядыжыхукIэ, щIэх къэсынукъым адрейр.  

ЦIыхубзитI я къуажэм щыщу къыдист пщащэм а гу махэм,
Блэж маршынэр къыщыувыIэм, тIуми абы зрагъахуэ.

«КъакIуэ, дахэ, жэщ ухъунущ», - къыжраIэ, ягъэ кIын?
ФэкIэщ тIури зэрицIыхур, къуажэм щыщу къыщIэкIынщ.

Зэрыхуэн тIысыпIэ нэщIи иIэ хуэдэкъым маршынэм,
Телефоным «псэ» хэтыжкъым, щытщ Кубра и закъуэпцIинэу.

«Уэ угъур цIыкIущ, укъихуэнущ», - нэхъыжьыIуэм хегъэзыхь,
Уи щхьэ ущымыгугъыфу гъуэгу тетыныр сыт бэлыхь.

Дакъикъитху фIэкIа дэмыкIыу, къуажэ гупэм къыщокIыжри,
ПсынщIэ-псынщIэу я уэрамым долъэдэж тхьэрыкъуэ хужьыр.

Ар дыгъуасэт. Нобэ гуэрым сыт маршруткэм къыщыущI?
Къалэ щIыбым щыункIыфIауэ, хъей имыIэу щытщи щытщ.

«ДывдэIэпыкъунщ, - жыхуаIэу, щIалитI - щым къыIухьэ защIри,
Я къилъади, я къэпхъуати - Кубра цIыкIур бгъуэтмэ, къащтэ.

Абдеж дыдэм щыт маршынэм иракуауэ бжэр хуащIыж,
Уи нэр техуэмэ, хъыджэбзым заригъэхьу къыпфIэщIынщ.
 
«Я Алыхь! Сыкъомыгъанэ!» - Кубра и щхьэр мэкIэрахъуэ,
И гур зэгуичыным хуэдэщ кърапэс хьэдэгъуэдахэм.

Телефоныр къыдихыфкъым, кIыфIым псори щIихъумащ,
РэIис псынщIэу зыпищIэну зы Iэмали имылъагъу…

ЩIалэри Налшык щолажьэ, хабзэхъумэщ Iэджэ щIауэ.
«Алло!» «РэIис, сызэхэпхрэ…» - и жэуапыр нигъэсакъым.

Телефоныр къыIэщIачри, зыгъэлажьэр кърахащ:
«Умышынэ, хъыджэбз дахэ, псори хабзэм тету тщIащ».

 ЖьакIэ кIыхь, нэгъуджэ фIыцIэ… Кубра и гур фIокIуэдыпэ,
 Иджы псори къыгуроIуэ, шофёритIри щыщт мы гупым.

ЦыхэкI гуэр кърашэкIащи, жьы къэшэгъуэ къримыт,
«Iэхъий! Къетхьэжьащ, ныдошэ», - зэрыжаIэр зыхещIыкI.

 РэIис дыгъухэм якIэлъожэ

РэIис лэжьапIэ нэужьым зыщиукъуэдийт спортзалым,
ТIэкIуи къэгуфIат, ухуеймэ, шыпхъу нэхъыщIэр къыщыпсалъэм.

Здишэжыным триухуэу къытрехри… Къэхъур сыт?
Кубра жиIэр нимыгъэсу, макъ мыцIыхум зэпеуд.

ПлIым лэжьэн еух, я къуажэм тхурэ тIощIхэм нэсыж хабзэщ.
Тхум текIа маршруткэр даIэ? Дэсыр хэт? Исар цIыху дапщэ?
 
Шофёр гупым яхолъадэ… КъигъуэтакIэщ… Мес, йоупщI…
Кубра къыщыщIар ибзыщIмэ, и псэр хухихын хьэзырщ.

Хабзэхъумэ фащэ щыгъыу, упщIэр къыщытыриубыдэм,
Iыгъын хуейуи ищIэжакъым, шофёр щIалэм псалъэ быдэр.
 
«Здашэр?» «КъалэкIыхьым». «Адрес?» «Хуитыныгъэм и уэрам»
РэIис мыщэ Iэлым хуэдэт, зыкъигъатхъуэу щыщIэпхъуам.

КъалэкIыхь хабзэ хъумапIэм напIэзыпIэм йокIэпсауэ:
«Ладэ» фIыцIэм исщ, зэкIуалIэр Хуитыныгъэм и уэрамырщ».

Гузэвэныр къытекIуащи, шэрхъхэм езыр ятежынт,
И лэжьэгъухэр къэпсэлъэжкъым… Нэхъри нэхъ псынщIэж зищIынщ.

Мыдрей гупыр гурыщхъуэншэщ: «Зэт, ей, телефоныр къоуэ»
«Машалахьхэр» хууэ тепсэу, уи щхьэм имытыныр Iуэхукъэ.

ИгукIэ тхьэ йолъэIу хъыджэбзыр, фIым щыгугъыр муслъымэнщ,
Псалъэм гугъэ храгъэхмэ, и нэмысыр хуэхъумэнщ.

ЦIыхухэм гущIэгъу зыхуамыщIым ГущIэгъубэрщ и гугъапIэр,
ГуащэнапщIэу гъагъэ цIыкIур фщIэкъым фэ зэрыбэнакIуэр.

КъэувыIахэщ. Тепхъуэ Iувым и мэр тэмакъыщIэм щIэлъщ,
«Мыр мэхами тщIэркъым… Догуэ… И щхьэгъубжэр егъэжэх…»

Бжэри Iуах ягъэбэуэну… КъокI… ЩIакIуэжьыр къыхыфIедзэ,
Инд кино ухуэзэшамэ, къакIуэ, нэгузыужьым щIедзэ.

 Кубра къызэрыщIэпхъуэжар

Сыт гунэфым и Iэмалыр - жьэкIэ диным и уэчылщ,
Пщащэр къыщIрахьэжьами хуаусынущ зы «дэлил».

 «СывутIыпщыж», - яжреIэ, Iэмал къэнэжар яриту,
«ЗимыхъунщIэу зыри яхькъым», - мэгушыIэ «сэлэфитхэр».

КIыфIщ. ЩIалитIыр къыбгъэдохьэ… Тобэ, ярэби, Кубра
Нобэ сыту фIыуэ и кIэ «дыгъэ ныкъуэр» щитIэгъа!
 
«Тхэквондо» - арат зэреджэр къупщхьэ гуащэм и бэнэкIэм,
Къэрэгъулт езыгъэсари - узэрыхуеинур пщIэкъым.

Удын зырыз ящытехуэм, гузэвэгъуэ къатехьащ -
Зы хъыджэбз щIалитIым текIуэу, хэт игъащIэм илъэгъуа?

Сыт ящIэнур? Бгъэдыхьэну зы бэкъуэгъуэ къалъигъэскъым,
«КIуэи, зыгуэр къыщIэш», - тIум языр егиящ гублащхьэдэсым.

Дэнэ кIуэн, зреч - уэрамым гъуэгурыкIуи щимыгъуэт,
Тхьэм къихъумэ хъыджэбзыфIым бийри и дэIэпыкъуэгъущ.

ЩIалэ делэр лъэсу щIопхъуэ, и IункIыбзэр къыздимыщтэу,
«Сыт къэна иджыри, ди Тхьэ, Уэ Уи пщылIым къыхуумыщIэу?!»

«Ладэм» допкIэ, зэщIегъанэ, шэрхъхэр тхьэджэу зыкъегъэш,
Нэгум щIэкIыр я фIэщ мыхъуу, мыдреитIыр къоуIэбжь.

«Мыр амирым и фIэщ хъуну?» «Хуитщ езым зигъэхъеину».
«Къызэрепхьэжьа маршынэр птезыхам упэлъэщыну?»

Напэтехщ ар, зиусхьэнхэ, жаIэжыным нэвмыгъэс!
ПсынщIэ-псынщIэу фыкIэлъыжэ, нысэ къахькъым махуэ къэс!

Кубра гъуэгум зэрытехьэу, полицэ маршынэ гупым
Ирахужьэ… КъагъэувыIэ… Автомат къытраубыдэ.
 
РэIис и ныбжьэгъухэрат ар, «Ладэ» фIыцIэр къаубыдащ.
Сыт мыбы хъыджэбз щIыдэсыр? «Уи дэфтэрхэр дыгъэлъагъу!»
 
Зэхагъэгъуэща яфIэщIу, номер тетыр ирагъапщэ,
РэIис еупщIыжмэ, тыншкъэ: «И цIэр хэт къэтлъыхъуэ пщащэм?»

Мес, езыри къабгъэдохьэ, и жэуапыр нэгум къощ.
Куу хъуржыныр игъуэтыжкъым, хьэуэ, мес, мобдеж кIэщIэлъщ.

Щхьэр къиIэту хабзэхъумэм и дэфтэрыр щыIэщIилъхьэм,
Асыхьэтым гу лъитакъым РэIис къаплъэу зэрыщытым.

Ар къызэрилъагъуу, пщащэм нэпс къудамэ IэщIэкIащ,
КъыщыщIахэр зыдигъуэжми, дэлъху зэриIэр наIуэ хъуащ.

Дэнэ щыIэ хъыдан шухэр - Пенелопэ и псэлъыхъухэр?
Лъэпкъыр - щIакIуэм, диныр - жьакIэм къыдихыжу къызыщыхъухэр?

Хъыджэбз цIыкIум и «IэбэкIэр» зыкъомыфIрэ ярикъунт,
Ауэ «къысхуэгъэгъу» къудейкIэ къэрал хабзэм уфIэкIын?

Къэхъуа псори ятхыжыхукIэ, пIалъэр нэблэгъащ жэщыкум.
УнагъуитIыр мэгузавэ… Ежьэжынщ зэдэлъху-зэшыпхъур.

 Захуэмрэ къуаншэмрэ

Залымыгъэ хэлъу пщащэ езыхьэжьэр щIэпхъаджащIэщ,
Хилъэфахэм зыкъаумысмэ, тезыр техуэхэри гуащIэщ.

ХэIущIыIу ямыщIын мурадкIэ сыт хуэдизым забзыщIа,
Адэ, дэлъху зимыIэ дапщэм гъащIэр хузэпаупщIа?

Кубра, къаIэщIэкIыжами, апхуэдизкIэ и гур хэщIти,
Хабзэхъумэм епсэлъэныр къытехьэлъэт а пщыхьэщхьэм.

Ауэ, зигъэнэмысыфIэу, ибзыщIамэ къыщыщIар,
Хэтыт щIезыгъэгъуэжынур и дунейр зэIызыщIар?

Бэлыхь лъыхъуэм къигъуэтат ар. Къэралыгъуэр къыхэмыхьэу,
Псэгъуу узэхъуапсэм сытыт хабзэкIэ улъыхъу щIэмыхъур?

Тырку сулътIану зыплъытэжу, гъэр къэбубыда нэхъей,
И цIи и щхьи бгъэулъийуэ, пщащэр бгъэпудын щхьэ хуейт?

Кубра куэдрэ щаIыгъакъым КъалэкIыхьым и полицэм,
Къагъуэтынщ, гува-щIэхами, иса гупыр «Ладэ» фIыцIэм.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: