А махуэм сэ зэуэн сухат…

Мэкъуауэ Амир Іуэтэж

Ебланэ классым щеджэ щІалитІрэ хъыджэбз цІыкІуитІым я пщэ къыдэхуат зауэм хэта Исуф епсэлъылІэн хуейуэ. ТекІуэныгъэм и махуэр къэсати, зауэлІым теухуа тхыгъэ еджапІэм и блын газетым къытрадзэнут.
Исуф къэзымыцІыху къуажэм дэстэкъым, Берлин нэса а зым фІэкІа я щІыналъэ псом имысу, медалрэ ордену абы иІэм хуэдиз зиІэ щымыІэу яІуатэрт. Исуф теухуа гуэр щІыналъэм къыщыдэкІ газетым илъэс къэс къытрадзэрт, ауэ цІыкІухэр абы еджэртэкъыми, лІыжьым и гъащІэм зыри хащІыкІыртэкъым.
ЕджакІуэхэм, гъуэгу здытетым, лІыжьым зэрепсэлъэну щІыкІэр яубзыхурт. Классым я Іэтащхьэ Назир, щІалэ къуэгъу щхьэпэлъагэм, и гъусэхэр игъэІущырт: зауэлІым лІы хуэдэу епсэлъэн хуейщ, хъыджэбз цІыкІухэм зэрахабзэм хуэдэу, ІэфІ щІэгъэлъэдауэкъым, …ар езым зэхуигъэхъунщ. ЗаремэкІэ зэджэ хъыджэбз цыплъ пІырыпІ цІыкІум ягу къигъэкІыжырейт тхыгъэм и кІыхьагъынур, лІыжьыр лейуэ ягъэпсалъэу гугъу ирамыгъэхьыным папщІэ. Санетэ нэ фІыцІэ дахэ цІыкІум, псынщІэу зэрымытхэфыр ищІэжырти, къапэщылъ псалъэмакъыр тха зэрыхъунум иригузавэрт. Пэжщ, езыр сурэт щІынкІэ Іэзэщ, ауэ абы къикІыркъым псо дыдэр къытрагъэхьэлъэн хуейуэ, тхэныр нэгъуэщІ Іуэхущ. Гъуэгум тетыху ар зыбжанэрэ гъуджэм иплъащ, и набдзэмрэ и нэжьгъуц фІыцІафэ зи кІапэр нэкІумкІэ зыкъишийуэ гъэтІеямрэ теІэзэщІыхьу. ГъащІэм и купщІэу къилъытэмкІэ девгъэупщІ, жиІэрт ЛатІиф, адрей планетэхэм гъащІэ щыІэрэ щымыІэрэ жедгъэІэнщ, лІо-тІэ, нэхъ хьэлэмэт хъунт псалъэмакъыр… Ар зи нэхэр зежэ щІалэ нэжэгужэ цІыкІут, псоми дагъуэ къыхуащІу: и гъуэншэдж лъапэр сабэм имыкудамэ, фІэкІыпІэ имыІэу и кІэстумым сэху кІэрылъынут. Иджыпстуи пионер пщэдэлъ плъыжьыр дэлътэкъым.
ЛатІиф къызэрилъытэмкІэ, а дадэр щыцІыкІум кІыфІым щышынэу щытамэ е хьэфэ мывэдз иІамэ, къащІэныр хьэлэмэт дыдэ хъунут. АрщхьэкІэ, и гъусэхэм чэнджэщ къратащ пионер пщэдэлъыр зыдилъхьэну, игу къэкІ делагъэхэр дунейм къытримыгъыхьэну - зэран хъууэ аркъудейщ, абы щыгъуэми лъаІуэри закъыкІэрищІауэ. Назир гупсысэри, къахилъхьащ япэ упщІэр тэмэму иратмэ, щІэупщІэ лей хэмыту, дадэм езым псори жиІэну.
Чы набжэм адэкІэ Исуф и нысэ Іэсият гуэгуш шырхэм кхъуейлъалъэрэ шыпсыранэрэ зэхэлъу джэдІусылъэм щахурилъхьэрт. Абы жраІащ зауэм лІыхъужьу хэта дадэ Исуф щІэсмэ, упщІэ гуэрхэмкІэ зыхуагъэзэн гуращэ яІэу къызэрыкІуар. ЦІыхубзым зыкъиІэтри, гуапэу къахуэгуфІащ:
- ЩІэсщ. Дэнэ кІуэн? - и Іэр кІэпхынымкІэ илъэщІурэ бжыхьым къекІуалІэри сабийхэм гущІэгъу хэлъу къахэплъащ: - Еуэ фыкъагъакІуэ, еуэ фыкъагъакІуэ - а фезыгъаджэхэм къагурымыІуэу ара зауэм хэтахэм я фэм икІар ягу къагъэкІыжыну зэрафІэмыфІыр? Фэри дадэ зыри къывжиІэнукъым. Фызэреджэм, фи адэ-анэхэм щІэупщІэнщи, - фиутІыпщыжынщ. Ар сэ фІыуэ сощІэ.
- Дауэ зыри къызэрыджимыІэнур? - къэлыбащ ЛатІиф. - Абы теухуа тхыгъэ дгъэхьэзырын хуейщ. Къыдэпсэлъэн хуейщ.
- Еплъыт ар зэрыткІийм - «хуейщ!» Зыри къывжиІэнукъым-тІэ, - жиІащ цІыхубзым. - Ди щІыналъэм искъым абы щымыгъуазэ. Хуейкъыми жиІэнукъым. Ар езым и Іуэхужщ. Зауэм теухуа псалъэмакъ мышу щрагъэкІуэкІ Іуэхуи хыхьэркъым.
- Дэ ди класс унафэщІыр щІэщ, - Санетэ езыгъаджэхэм къащхьэщыжыну пыхьащ. - Ар нэгъуэщІ щІыпІэ къикІа цІыхущ. Іуэхум хищІыкІауэ къыщІэкІынукъым.
- Дыхуэмызэу хъунукъым, - тригъэчыныхьащ Назир. - Хэт къыдэмыпсэлъауэ зи фІэщ тщІынур? Ди оценкэхэри тхузэІагъэхьэнущ. ЛатІиф арыншами математикэмкІэ и Іуэху щІагъуэкъым. Ауэ ар зэригъэпэщыжынущ.
- Зэригъэпэщыжым нэхъыфІщ, - арэзы хъуащ Іэсият. - Сэ фхуэсщІэфынуращи, фыкъыдыхьэ, дадэ фызэрыхуейуэ фыгурыІуэж. Мес, хадэм исщ, Іэнэр флъагъурэ? Джэджьейхэр егъашхэ, къыздэІэпыкъу хуэдэу аращ. Ди унафэщІхэм ядэгъуэгурыкІуэфу щыта мыгъуэмэ … ЦІыху гуанэщ. Захуагъэ къелъыхъуэри, абы щхьа фІыуэ къалъагъукъым. А захуагъэкІэ зэджэр езыр хэт дэнэ щилъэгъуа игъащІэм? Я щІыб къыхуагъэзащи, куэд щІащ и гугъу къызэрамыщІыжрэ. Япэм мэз хьукумэтыр и ІэмыщІэ къралъхьэнут, депутат ящІыну къелъэІурт… Иджы псыхъумэщ: зы жэщ-махуэ лажьэмэ, махуитІ дэсщ. Ари фІыщ, пщІантІи хади зыхуей хуэзэу зэрехьэ.
- И цІэр тету кІэрахъуэ иІэ? - щІоупщІэ ЛатІиф. - Дигъэлъэгъуамэ, арат!
- СымыщІэ, - жи Іэсият. - ИІамэ, сэ сщІэнт. - КІэщІу жысІэнщи, тІэкІу тефкъузэ. Зэрихьа лІыгъэм теухуа гуэр къывжимыІэжмэ, ЛатІиф математикэмкІэ «тІу» къихьыну жефІэ. Ди гъунэгъум тІэкІу деІубащи, нэхъ псэлъэнущ. ЗэкІэщІэкІыжа къудейщ. Дадэ дежкІэ нобэрей махуэр гукъинэжщ: илъэс щэ ныкъуэ и пэкІэ нобэ хуэдэ махуэм уІэгъэ хъуауэ щытащ. Ар еплІанэрейт икІи иужь дыдэ уІэгъэт. Абдежым дадэ и зауэр капут хъуащ - иухащ. ФыкъакІуэ… Дадэ, е-е дадэ, - еджащ ар лІыжьым, - ЕджакІуэ цІыкІухэр къыпхуэкІуащ. Май мазэр къэсащи... Хабзэ зэрыхъуащ... Егъэблагъэ.
Дей лъабжьэм Іэнэ плІимэ кІыхь щІэтт, и бгъуитІым къабгъурытт джафэу упсарэ Іэнэм ещхьу пхъэ дагъэ фІыцІэ зыщыхуа тетІысхьэпІэхэр. Исуф джанэ хужьыр зытеутІыпщхьа джэлэфей удзыфэ-фІыцІафэ щыгът, хьэукІ пыІэ хужь щхьэрыгът. И щІыбыр Іэнэм хуэгъэзауэ щыст, тхылъымпІэ Іувым трипхъэ хугур джэд къурт зэрыбыным тращыпыкІыу. Нысэр зэуэ «уауи-уауи-уауи» жиІэу къаджэри, къуртри джэджьей гупри абы дежкІэ зэрехьэжьащ.
- Іэсият и джэдкъазыр еджа защІэщ, - жиІащ Исуф дадэ, еджакІуэхэм закъыхуигъазэурэ. - ФытІыс-тІэ, фыкъыщыкІуакІэ.
Іэ ижьымкІэ и нэкІур иІуэтащ, и гукъыдэжыр къриджэж хуэдэу. Зи джабэхэр шагъырым плъыжьыфэу ириІа абдж кумбыгъитІыр зэригъэувэри, къыбгъурыт тетІысхьэпІэм тригъэуващ. Дэлэн Іыхьэ упщІыІужахэр, кхъуей, бжьыныхущІэ, нащэ бэгу, балыджэхэр зэрылъ тепщэчхэр Іэнэ гъунэмкІэ игъэкІуэтащ. Шыгъулъэмрэ сэмри абыкІэ ихьащ. Дадэм и нэ къэцІуахэм гулъытэ къыщІэщу еджакІуэхэм къеплъащ.
- Іэсият, - джащ ар, - хьэщІэ къэкІуай!
- Сыт ар? - нысэм къыгурыІуатэкъым тхьэмадэм жиІар.
Исуф нэхъ ину джэну жьыр ишат, ауэ цІыкІухэр зы жьэу къэпсэлъащ: «Дыхуейкъым, дымэжалІэкъым», «Тхьэразэ къыпхухъу, хуейкъым зыри», «ЕджапІэм и шхапІэм хьэлывэ щытшхащ». ЛатІиф зым жиІащ: «Сэ псы сефэнт. Хуабащэщ».
- Пэжу зыри фыхуейкъэ? - щІэупщІащ Исуф. - Гъэсэныгъэ зыхэлъыр нэрылъагъущ: ахэм сытым щыгъуи я ныбэ изщ. ФытІыс, фытІыс, Іэсият иджыпсту щхьэхуит къэхъужынущ, абы ищІапхъэр сэрыншауи ещІэж. Сэ ауэ сытми сыджауэ аращ, хабзэм щхьэкІэ. - ЛатІиф зыкъыхуигъэзащ: - Уэ, щІалэ цІыкІу, мо-одэ кІуэи - плъагъурэ мо псы къижыпІэр? Псыри узэрефэнури абдеж къыщыбгъуэтынщ. Зэ догуэ! - еупщІ мы уи гъусэхэм, къызыхуэпхьын яхэтынкІи хъунщ. - Зыми псы хуэмылІэу щыжаІэм, ЛатІиф гуфІэжу щІэпхъуащ.
ЕджакІуэхэр дадэм и гупэ къитІысхьащ. Назир Санетэ иІыгъ ручкэмрэ тетрадымрэ къыІихщ, къызэгуихщ, трилъэщІэжри, къригъэжьащ:
- ПщІэ зыхуэтщІ Исуф, дэ дыкъыщІэкІуар зауэм лІыхъужьыгъэ щызезыхьа ди къуажэгъум хъыбар жедгъэІэжу ттхыжыну аращ. Ар еджапІэм и блын газетым ихуэнурэ, зэрыеджапІэу щыгъуазэ хъунущ.
- Еплъыт абы! ЛІыхъужь ехьэжьауэ сыкъыщІывогъэдз. Махэ, шынэкъэрабгъэ фытетхыхьыну фыхуейкъэ? СогушыІэ, фымыІэнкун. Ауэ абыи куэдым гупсысэ гуэр къыхахынт. Езыхэр апхуэдэ мыхъуну яужь итынт. Фэ, щІалэхэ, хъыджэбзхэ, зауэм хэтахэр псори дылІыхъужьу къыфщохъури, ар сфІэфІкъым. Апхуэдэу щІыщытыр гурыІуэгъуэщ - дытекІуакъэ? Бийр зэрыщыту гуащІэмащІэт, къэрабгъэт. Уеблэмэ, демызэуэхами хъунут, ара? Епщи - и щІыпІэм мэлъэтэж. Хьэуэ, си ныбжьэгъухэ, зауэр апхуэдэукъым зэрыщытыр. Ар ауэ къызэрыкІуэ Іуэхукъым. ИкІи гурыІуэгъуэ зэфэзэщкъым.
- Сыт абы мыгурыІуэгъуэр? - щІоупщІэ ЛатІиф, къэтІысыжурэ. - Фашистыр уэ къоуэ, уэ абы уоуэ. Пиф-паф, уэй-уэй-уэй, уи тхьэкІумэкІыхьыр… малІэ! ЗумыгъэпщкІуфамэ - си лажьэкъым.
Псори дыхьэшхащ, уеблэмэ, Исуфи къыпыгуфІыкІ хуэдэу ищІащ.
Заремэ цІыплъ къэхъуауэ жеІэ:
- Ар мэгушыІэ, дадэ, уемыдаІуэ жиІэм. Абы нэхъ шыІэныгъэ зыхэмылъ ди классым щІэскъым. И щэнымкІэ сытым щыгъуи «тІу» къехь.
- ГушыІэмэ - ар Іейкъым. Зауэми гушыІэм укъыщрегъэл. Узэрышынэр щІэпхъумэну уогушыІэ - аращи, щхьэпэ мэхъу. ЛІыгъэ къыпхимылъхьэми, шынэр пщхьэщех, абы пцІы хэлъкъым. СщІэркъым фи газетым щхьа вжесІэжынур. Нэгъабэ къысхуэкІуа еджакІуэ цІыкІухэр дэзгъэкІыжащ зыри яжезмыІэжу. ИтІанэ сринэщхъеижащ. СфІэпсэкІуэд хъужахэт. Загъэгусауэ къыщІэкІынут. Ахэм сыт я лажьэт. Ар щІэсщІар фэрыщІу Іуэху щызэрахьэр сфІэфІтэкъыми аращ. Апхуэдэу зыми уесэнукъым. ЗэикІ. ГъащІэм зыри хэфщІыкІынукъым. Ар езыр… ЦІыхум защІэгъакъуэ а гъащІэр нэхъ тынш хъуным щхьа - аращ сэ зи гугъу сщІыр. Аращ дэ дыщІэзэуар! Апхуэдэу фыщытмэ, дэ пщІэрэ щІыхьуи тыгъэм я нэхъ лъапІэуи дызыхуейр аращ. Илъэс хъурейм и кІуэцІкІэ зыри къызэупщІыркъым, сыт ухуэдэ, дадэ, жиІэу… Фэ щызытрагъауэр си жагъуэщ.
Іэсият къыІухьащ. Іэнэм тет щыкъур къищтэжурэ, джэгу хуэдэу, жеІэ:
- Дадэ, мыхэр политикэ хуей? ЗыкІи хуейкъым. Мыхэр дэзыхьэхынур лъагъуныгъэ гугъу яхуэпщІмэщ. Адэ а уІэгъэщым уи гъусэу щІэлъа связист хъыджэбзым и гугъу яхуэщІи нэхъыфІщ. Къыздэпшэным зы тІэкІу фІэкІа зэримыІэжар яжеІэж. - Исуф зэхэзещхъуэн къэхъури, жиІащ:
- Дэ дызэгурыІуэнщ, Іэсият, зэран укъытхуэмыхъу. Мыдэ зыгуэр яхуэпщэфІи нэхъыфІщ. Пхъэщхьэмыщхьэпс къахуэхь, дэлэн къахутегъэувэ. Дэ кІыхьу дыщысынущ.
- Арыншауэ дэзгъэкІыжынукъым, умыгузавэ, - жиІащ Іэсият, ІукІыжурэ. Исуф пещэ:
- Мо Іэсият и цыджым щхьа зы пкъыгъуэ къыхэсІущІыкІат. Махуэ псом селІэлІащ. КъызэрыщІэкІамкІэ, щытесщІыхьам сыщыуат - лэжьыгъэр пщІэншэ хъуащ. Ар зы махуэ закъуэщ. Иджы фегупсысыт: сытым урищІыс гъащІэ закъуэ къыуитар купщІэ имыІэу къэбгъащІэмэ, зыми уримыщхьэпэмэ, ы?.. ФэрыщІагъым зебгъэхьауэ! НэхъыкІэжкъэ уи гъащІэр зыхэплъхьар, уи лІыхъужьыгъэм къыпэкІуар псыкІэ щыхъур? Уэ улІэжщ, уяужькІэ дыгъуакІуэ-гъэпцІакІуэхэр къакІуэри, ущІэзэуар ящэжащ, уэри къыпщыдыхьэшхыжащ, ы? Плъагъурэ ар зэрыхъункІэ хъунур… Сытыт ар къыщІезгъэжьар? Сытыт зи гугъу сщІыр?
- Цыджым, дадэ, - жиІащ ЛатІиф.
- Цыджым, жыпІа? - щІэупщІэжащ Исуф. - Сыт цыдж?
- Цыдж гугъу дыхуейкъым, дадэ, - псалъэмакъым къыхыхьащ Санетэ, и ІэштIым цІыкІур ЛатІиф хуигъэдалъэурэ. - Нэхъ зэхэуэ хьэлэмэт дыдэу узыхэтар къыджеІэж.
- Зэхэуэ хьэлэмэт щыІэкъым, си хъыджэбз. ТелевизоркІэ ущеплъращ ар щыапхуэдэр. Мес, щІалэ цІыкІуми ар жеІэ: сыт, жи, абы мыгурыІуэгъуэу хэлъыр? Езым уэ къыптрегъапщэ, уэ езым - пиф-паф. Псори зэхэкІа хуэдэщ… Хъунщ, вжесІэжынщ зы къэхъуа гуэр. Ди унэ исхэм фІэкІа сэ ар иджыри къэс зыми зэхезгъэхакъым. Нобэ си гъунэгъуми есІуэтылІат. Абы жепІэри радиом къебгъэтри - тІури зыщ. Зэрыщытар сэ жысІэжынщ. ИтІанэ фэ къызгурывгъаІуэ абы схузэмыгъэзахуэу хэлъыр. Илъэс щэ ныкъуэ мэхъури, схузэхэгъэкІкъым. Фэ нэхъ фыпэлъэщынкІи хъунщ.
- ЗэхэдгъэкІынщ, зэхэдгъэкІынщ, - жаІэ еджакІуэ цІыкІухэм.
- НтІэ, фыкъэдаІуэ. - Исуф пІейтейм зэщІищтат, а лъэхъэнэ жыжьэм къыщыхутэжа нэхъей. - Мыр къыщыхъуар зауэр и кІэм нэблэгъэпауэщ, сэ илъэс тІощІрэ тхурэ сыхъуат. Берлин и гъунэгъу зы къуажэ цІыкІу дынэсри дыкъэувыІат. Нэмыцэр щхьэмыгъазэу къытпэщІэтт. АпхуэдизкІэ зыщагъэбыдат а къуажэми, дыдыхьэн къэгъэнауэ, и гъунэгъу зытщІыну тлъэкІыртэкъым. Е тІасхъэщІэххэр щыуат, е дызэрыхэкІуэдэнури ящІэу ажалым дыпагъэуват. Хьэмэрэ ди дзэм и къару нэхъыщхьэр кІуэтэфыным щхьа дэ нэмыцэр тедгъэщхьэрыукІрэт… Ди ротэр къуажэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкІэ къыщыдыхьэн хуейуэ арат. Зы жэщ-махуэ зэпыу имыІэу дызэуат, ротэм щыщу къэнэжар и зэхуэдитІрат, нэхъыбэ хъужыртэкъым. Берлин икІэщІыпІэкІэ къэтщтэн хуейт, ди нэхъыщхьэхэм дежкІэ ар фІэкІыпІэншэт. Унафэ щыІэт, ар гъэзэщІэн хуейт. Пэжыр жысІэмэ, цІыхукІэ щысхьырабгъу щыІакъым, дэри дызыщысхьыжыртэкъым. Берлин насыпыншэм апхуэдиз бомбэ ди авиацэм щридзыхати, сегупсыст: а щІыпІэм щІыр щызэгуэмыкІыу къызэрынар дауэ, абы зыгуэри къелауэ пІэрэ? Ауэ мохэм, бзаджэнаджэхэ, зыкъаттэкъым. КъытпэщІэтт, дазэрытекІуар къагурымыІуа хуэдэу. ЕтІуанэ махуэм зэхэуэр увыІащ, лъэныкъуитІри зэгурыІуам ещхьу. Ауэ, ипэжыпІэкІэ, псори ешауэ арат: ебгъэрыкІуэми зэбгъэрыкІуэми жьыІурыхьэгъуэ яхуейт. Дэ тфІэкІуэдар куэд хъурт, цІыху къытхуамыгъакІуэмэ, адэкІэ дызэуэфыныр пцІыт. ДылъаІуэрт. ТанккІи цІыхукІи дыкъагъэгугъэ хуэдэу ящІащ. Дыпэплъэн хуейт. Ауэ апщІондэхуи джабэкІэ дыщагъэлъынутэкъым. Апхуэдэу щыму куэдрэ зэрымыкІуэнур гурыІуэгъуэт. Абдежым командирым дреджэ си ныбжьэгъумрэ сэрэ, дэ тІур иужьрей илъэситІым ди дамэр зэгъэкъуауэ дызэдэзэуат. Зэкъуэш хуэдэу дызэхуэхъуат. КъызэрыгуэкІ урыс щІалэт, гушхуэ кІуэцІылът, езыр нэжэгужэт. Колят зэреджэр. Сытым щыгъуи гушыІэт, мис мы фи пиф-паф хуэдэу. Сэ Иисуфт къызэрызэджэр. Командирым пщэрылъ къытщещІ. Ди сэмэгурабгъукІэ, километрищ хуэдизкІэ тпэжыжьэу, щІыІэпсым зы къутыр цІыкІу ист. Унэ, псэуалъэ гуэрхэм, псы ежэх цІыкІум уаблэкІмэ, ижьрабгъур - мэзгъунэт, къутырым ибгъу хъурт. Дэ абы дынэсу, цІыху дэсмэ, дапкърыупщІыхьыну, я къутырымкІэ дыдэкІыу къуажэм дыдыхьэфынумэ, къэтщІэн хуейуэ арат. Си ныбжьэгъур нэмыцэбзэкІэ псалъэт, нэгъэсауэ имыщІэми, зыхуейр къагуригъэІуэфынут. НэгъуэщІ дызыхэдэни диІэжтэкъым, диІар хэкІуэдат.
Дежьащ, арати. Уэшх къешхагъащІэти, ятІэ цІанлъэм дигъэцІантхъуэт. Иныкъуэхэм сэбсэтІым дыпхыкІт, щІым бахъэ щхьэщытт. Хъуреягъыр щхъуантІагъэт! ДэнэкІи лІэныгъэт щыІэр, гъатхэ закъуэрат гъащІэм зэрыпищэр къозыгъащІэр. Дыпсэуну дыхуейт-тІэ, зауэр иухт.
Къутырым дынэсащ. Вэнвеймрэ мэкъумрэ я мэр ди пэм къиуащ, шхыныгъуэ яупщэфІым и мэр абы хэтыжу. Іуэм жэмым и бу макъ къиІукІт. Дэ лъыкІпсыкІым дыкъыхэкІа къудейт, мыбдежыр щымщ, хьэуар къабзэщ, шхынымэ ІэфІ къехь. А псом дызэпкърихауэ къыщІэкІынущ. Имычэзу Іейуэ дызэпкърыхуат. Си ныбжьэгъур гушыІэрт: «Ухуейм еплъ, Иисуф, мы унагъуэм хъыджэбз хужь дахэ яІэщ. Ар си пащхьэм изгъэтІысхьэнурэ, абы сеплъым, лъагъуныгъэм сегупсысурэ, сышхэнущ, емылыдж сыхъуащ мы илъэсхэм. ИтІанэ я лІыжьым и тутыным щыщ сефэнущ. Эх, зы сыхьэт ныкъуэ я щхьэнтэ щабэр хэбушкІумбэну сыт и уасэт. Ауэ щхьэнтэ щабэр гугъэ нэпцІщ».
Унэ гупэм шыгу къитт, абы дынэсыным зы лъэбакъуитху хуэдиз диІэжу, щхьэгъубжэм автоматкІэ зэкІэлъыпыту зыгуэр къыдэукІащ. Асыхьэту си Іэ сэмэгур Іэдэ гъэплъам даубыдауэ къысщыхъуат, си блэгущІэм хьэдзыгъуанэ къэпщІа щІэскъузэм ещхьт. Си Іэ ижьымкІэ уІэгъэр субыдри, щІым зыхэздзащ. Зыздездзыхым Коля сыхуеплъэкІащ - ар гъэщІэгъуэну захуэу зэфІэтт, и щхьэр лъыпсыр къежэхыу автоматышэм пиущэбыхьа пэтрэ. Ари джэлащ. ГупэкІэ техуэу. НэкІукІэ ятІэм хэхуэу. Сэ си къупщхьэр къызэтенат, ар занщІэу къызгурыІуащ. Шэм си дамэм лы тІэкІу къыгуиудауэ арат. Хьэдзыгъуанэ къэпщІар зыщІэсым щекІуэкІыр сщІэтэкъым. Къупщхьэм ягъэ щемыкІакІэ, сызэуэфынут. ЕрагъкІэ автоматыр си дамэ ижьым къыфІэсхащ, и кІымрэ кІакхъумрэ лъы защІэ сщІауэ. Шыгум и щІыбагъ шэрхъхэм зыщезгъэджэрэзылІэм, узыр апхуэдизкІэ зыхэсщІати, сыкъэмэх пэтат. Абдежым сыкъыкъуэукІыурэ унэм автоматкІэ зэкІэлъыпыту сеуащ. Зыри къыпэджэжакъым. Апхуэдэу щыхъум, сыкъызэфІэувэри щхьэгъубжэм сыдэукІыу щІэздзащ. Унэ кІуэцІым зыгуэр щекІуэкІырт, сытым щхьами, зралъэфыхьырт, автоматым шэ иралъхьэжу арагъэнт. Сэ сызэрыуэм хуэдэурэ сыкІуэрт, щхьэгъубжэм адэкІэ ныбжь гуэрхэр щыхъеяти, зэрыщхьэгъубжэу зэхэзгъэщэщащ. Унэбжэр къыІуах хуэдэу къысщыхъуати, абыи шэр тезгъэщэщащ. Псы зэрыт чеишхуэм и къуагъым си автоматыр щызузэдыжри, сызыщІэдэІукІащ. ЗыщІыпІэкІи зы быхъ къиІукІыртэкъым. Дуней иным зы Іэуэлъауэ щызекІуэжыртэкъым. Дэгу сымыхъуауэ пІэрэ жысІэрт, апхуэдэ щымагъ щыІэнкІэ хъуну си фІэщ хъуртэкъыми. Си уІэгъэр здэспхэм, сызоупщІыж: унэр зей зыр сыукІыу зэфІэкІа хьэмэрэ зиудыгъуауэ иджыри зыгуэр щІэс, сыкъыкъуэкІыным пэплъэу? Згъэзэжу дэІэпыкъуэгъу къасшэмэ нэхъыфІ хьэмэрэ адэкІэ пысщэу сахэуэну? Хьэуэ, ахэм сэ жыжьэ сыІуагъэкІынукъым - си щІыб къызэрызгъазэу къызэуэнущ, щІыпІэр Іэгум уит хуэдэщ.
Чеймрэ унэмрэ я зэхуакур метрищ хуэдизыну арати, зэ лъэгъуэм къызэзнэкІащ. Щхьэгъубжэ згъэщэщам сыблэкІри, адрей унэ къуапэм сыкІуащ, шындэбзийм сеуэкІри, куэбжэ зэІухам сыдыхьащ. Шы Іэмэпсымэ хуэІухуэщІэхэр щахъумэу зы псэуалъэ щытт. Абы укІуэцІрыкІмэ, цІыхухэр щыпсэу унэм ущІыхьэу арат, бжэри зэІудзат. Іэуэлъауэ езмыгъэщІыну сыхуэсакъыурэ сыщІыхьащ. СыздэкІуэм зыхэсщІэрт си щІылъэныкъуэр зэрыщыту лъыпсым зэрызэщІишхар. Си щхьэр уназэт, сыкъебэнебэт. Ар икІи хьэлэмэттэкъым - лъы куэд сфІэкІуэдат, жейкІэ срикъуртэкъыми, си гуащІэр сщІихат, мы жэщитІ-махуитІми хуабжьу гугъу дехьат. Ауэ итІани сыкІуэрт.
КІакхъум си Іэпэр тезмыхыу, блыным зыкІэрызгъащІэри, тІэкІу сыбэуащ. СызэщІодэІукІ. Къыс­фІэщІрэ хьэмэрэ щхъыщхъ макъ гуэр зэхэсхрэ унэ кІуэцІымкІэ къиІукІыу? Бжэм адэкІэ уІэгъэ хъуа гуэр щылъу ара е сызэрыщІыхьэу къызэуэн хьэзыру, зыгуэр щІэс? Лъэбакъуэ соч, иджыри зы. Жыхафэгум телъщ бжэм сыкъыщеуам сукІа фызыжьыр. ЛІагъэххэщ. Щхьэгъубжэ згъэщэщам деж зы зауэлІ щІалэщІэ щылъщ и куэр пхауэ, абы и щІыбагъ къыдэлъщ щІалэм и нэмыцэ кителыр быдэ дыдэу зыІыгъ лІыжьым и хьэдэ. ЛІыжьым и къуэр - е и сыт хъуну пІэрэ? - щхьэгъубжэм къыІуилъэфыну хэтауэ арагъэнут, къыдэмыукІыну, унагъуэр бэлыхь химыдзэну елъэІуу, я хъуреягъыр биидзэт-тІэ. Апхуэдэурэ хуэзгъэфащэрт, ар зэрыщыта псор тхьэм ещІэ. Дауэ мыхъуами, сэ а лІыжьым сыкъригъэлат, абы шэч хэлътэкъым. Фызыжь цІыкІур «укъыдэмыуэ, думыукІ», жиІэу къызэлъэІуну хэтауэ къыщІэкІынущ. Бжэр Іуихыным хунэзгъэсакъым. Естакъым апхуэдэ Іэмал. Си гуащІэр сщІэкІ зэпытт, сыІурихыу сыжеинкІэ сышынэт. ЗыхэсщІэт унэм иджыри зыгуэр зэрыщІэсыр, сэ къызощэ, Іэгъуэ зэрыхуэхъуу къызэуэу сиукІыну. Сэри сызэрыбэлэрыгъа: сыкъыщыщІыхьам кІуэцІыбжэр зыгуэрым пІащІэу къыхуищІат. Асыхьэту бжэм шэр тезухуэнщІащ. Зы макъ гуэри къыщІэІукІат, ауэ селІэлІакъым - макъщи макъ. Сэ езым си тхьэкІумэхэм ву итт. СетІысэхщ, блыным кІэрыт сырэр къыІуслъэфри сыкъуэтІысхьащ, сыкъызэрыкъуэукІынум сыхуэхьэзыру. ДакъикъитхукІэ зызущэхуауэ сыщысащ, унэм зыгуэр щІэсыр пэжмэ, езым зыкъигъэнэхуэным сыпэплъэт. АрщхьэкІэ псори щэхут, щхьэгъубжэ зэхэскъутам жьы тІэкІу къыдихум нэмыщІ, зыри хъейтэкъым. ЗыкъэсІэтри сызэуа бжэмкІэ сунэтІащ. Ар схуІукІтэкъым, дамэдазэ тІэкІу сщІыну аращ си къарур зыхурикъуар. Абы си щхьэр дэзгъэлъадэри пэшым сыщІэплъащ: япэ щІыфэм и плъыфэ лъэпэд зыщыгъ цІыхубз лъакъуэ къэслъэгъуащ, итІанэ удз гъэгъа щІыху цІыкІухэр зыхэт бостей, щхьэц сырыху Іув, уэсым хуэдэу хужь ІитІымрэ и пщэмрэ. Бжэм нэхъри сыщІэрыІэри пэшым сыщІыхьащ. Сэ абдежым щызыхэсщІар зищІысыр псалъэкІэ къысхуэІуэтэнукъым. Сытым щхьэкІэми, Тхьэшхуэм зауэм и кІыхьагъкІэ сыпхишащ, мы унэм сыкъришэлІэну. Коля жиІар пэжт: мы унагъуэм - япхъу, я нысэ? - цІыхубз тхьэІухуд яІэт, а зэрыжиІам хуэдэ дыдэу хужьыбзэу. Ауэ… Абы и бгъум лъыр щызэхуэсат, и быдзышэр хэзэрыхьыжауэ… ЦІыхубзым и бгъэр зэпэгъуанэ сщІат… Пэшым и кум Іэнэ итт, а Іэнэм, и Іэ цІыкІухэр, и лъакъуэхэр зэрихьэу, мазих-блы зи ныбжьын щІалэ цІыкІу телът. И анэм зэкІуэцІипхэу ара хъунти, нигъэсакъым. Сабийм сыщхьэщыхьащ. Ар и нэ фІыцІэ цІыкІуитІ зэхэщІыкІ зэриІэр къызыщІэщымкІэ куэдрэ къызэплъащ. ИтІанэ къысхуэгуфІащ - сэ, сэр дыдэм, хэтынт нэгъуэщІ, - дуней нэхури мы гъащІэ дыджым сабийхэм къегъэлакІуэу щаІэри сэра хуэдэу… Автоматым и уэ макъыр зэхахати, дыдейхэр къажэрт... Коля и щхьэ къупщхьэр пхыудауэ щІыбым дэлът… Гъатхэ щІэращІэт... Сэри сымис, си лъабжьэм анэм и лъымрэ и быдзышэмрэ щызэхэлъэдэжауэ… Сабийр мэгуфІэ… Абдежым сэркІэ зауэр щиухащ. ИгъащІэ псокІэ. А махуэрщ иужь дыдэу си Іэхэм Іэщэ щаІыгъар.
Исуф щым хъуащ. Зыми зыри жиІэртэкъым. ДакъикъитІ-щы хуэдизкІэ еджакІуэ цІыкІухэр зэплъыжу щысащ, сыт адэкІэ тщІэнур, жыхуаІэу. ЛатІиф нэжэгужэ къэхъужри, щІэупщІащ:
- КъызэрыщІэкІымкІэ, дадэ, уэ Берлин унэсакъым? ТІэкІу къэнэжат, аракъэ? - Назир абы и лъэгуажьэм къетІыркъат, ауэ жиІэнур жиІакІэт.
Исуф и щхьэр къиІэтри тІэкІурэ гупсысащ, къызэреупщІар къыгурымыІуауэ. ИтІанэ, зыгъэгуси гъэщІагъуи хэмылъу, жиІащ:
- КъызэрыщІэкІымкІэ, си щІалэ, сынэсакъым… тІэкІу къэнэжат. - ЛІыжьым и Іупэхэр хэпщІыкІыу кІэзызт. И щхьэр ирихьэхыжри, апхуэдэуи диящ.
Назир и гъусэхэм къэтэджыжыну нэкІэ къагуригъаІуэри, Исуф зыхуигъэзащ:
- Дэ зытІэтыжынщ-тІэ. АдэкІэ гугъу уедгъэхьынкъым. ИкъукІэ хьэлэмэтщ дызэбгъэдэІуар. Ди хьэтыр плъэгъуащ, дадэ. Тхьэм уигъэузыншэ!
ЛІыжьым  и нэгум зыкІи къытещакъым щІалэ цІыкІум жиІар зэхихауи псалъэмакъым пищэну хуейуи. Абы и нэр тенауэ зы жыжьэ гуэрым ­хуеплъыхырт, и Іэ ижь лъынтхуабэр Іэнэм телът, Іэ сэмэгур гуэлэлт, шэ пхыкІа къудей хуэдэу.
ЕджакІуэхэр щэхуурэ къэтэджыжри, куэбжэ цІыкІумкІэ ягъэзащ. ПщэфІапІэмкІэ кърихырт дэлэн ягъажьэм и мэ ІэфІыр, хадэм бзухэр щыбзэрабзэрт, шэджагъуэ нэужь дыгъэм уафэгъуагъуэ уэшх зыгъэхьэзыр пшэхэм закъуигъапщкІуэрт.

  

 

ЗэзыдзэкІар ХЬЭЦІЫКІУ Раещ.
Поделиться:

Читать также: