Уахътыншэ

Зэгуэр цIэрыIуэу щытащ адыгэ джэгуакIуэхэр. Абыхэм пап­щIэ Горький М. итхыгъащ: «Кавказым, Къэбэрдейм, джэгуакIуэхэм - цIыху­бэм я усакIуэ екIуэлIапIэншэ­хэм - ущрихьэлIэу зэрыщытрэ куэд щIакъым. Мис абыхэм ящыщ зым и ­къалэнымрэ и къарур зды­нэ­сымрэ къызэриIуэтэгъар: «Сэ зы псалъэ закъуэкIэ, - жиIащ абы, - къэрабгъэр хахуэ, цIыхубэм къащыж сощIыф, дыгъум и хьэлыр зыхызогъэн, цIыху сощIыж, напэншэр си пащхьэ къиувэфынкъым, икIагъэми фIеягъэми сэ срабийщ…»

Зи псалъэм апхуэдиз пщIэ иIа, зи усэм апхуэдиз къару бгъэдэлъа пасэрей адыгэ усакIуэхэм я иужь­рей щIэблэм къыхэхъукIащ ПащIэ Бэч­мырзэ. Бэчмырзэ и усэм ихъумащ адыгэ джэгуакIуэ цIэрыIуэхэм ябгъэдэлъа художественнэ къарумрэ дахагъэмрэ, гуащIэмрэ къабзагъэмрэ. Бэчмырзэщ пасэрей адыгэ усэм и шыфэлIыфэр, и хабзэхэр, и щап­хъэ гъуэзэджэхэр ди деж къэ­зыхьэсар. Ар сыт хуэдэ щапхъэми щынэрылъагъущ Горький Максим и псалъэм. Бэчмырзэ и усэри апхуэдабзэу гуащIэу, къабзэу, гущIэм зыпхидзу зэрыщытыр хэт дежкIи нэры­лъ­а­гъущ. Нэрылъагъущ а усэр лIэщIы­гъуэ Iэджэм къапхыкIа акъылкIэ зэрыгъэнщIар, абы адыгэбзэ шэ­ры­уэр зэридамэр.
Адыгэбзэм и IэфIыпIэмрэ и къарумрэ къыщIэзыгъэлъэф, абы хэлъ шэрыуагъэмрэ гуащIэмрэ телъы­джэу зыгъабзэ усакIуэщ ПащIэ Бэчмырзэ. Арагъэнщ абы и усыгъэ­хэр цIыхубэм япхъуатэу щIыщытар: абыхэм я нэхъыбэр цIыхум гукIэ ящIэ, уеблэмэ псалъэжь, псалъэ шэрыуэ хъужауэ къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэ щIыхьрэ лъапIэныгъэкIэ цIыхубэр дэтхэнэми хуэупсэркъым. Апхуэдэр зи натIэ хъур, апхуэдэ насыпыр зыхэзыщIэр цIыху цIыкIум и гущIэм къипсэлъыкI усакIуэрщ. Шэч хэлъкъым ПащIэ Бэчмырзэ апхуэдэ усакIуэхэм - лъэпкъым и щIасэ усакIуэ щэджащэхэм - зэращыщым.
ПащIэ Бэчмырзэ и Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ усэри гъэнщIащ гъуэгуанэ кIыхь зэпызыча, гъащIэм и гугъуи и IэфIи зыхэзыщIа, художественнэ псалъэм и къарур зи гущIэм зыпхидза цIыхум и акъылрэ и гупсысэкIэ.
Пасэрей усакIуэхэм къызэранэ­кIа хабзэ-бзыпхъэхэм я закъуэкъым Бэчмырзэ и усэм гъуазэ хуэхъуар. Шэч зыхэмылъыжщ ПащIэм и усэр зэрыбжьыфIэр ди лъэхъэнэм и нэпкъыжьэхэр, дамыгъэхэр, щапхъэхэр ару зэрыщытым. Бэчмырзэ ахэр щIэрыщIэу егъэпсыж, усэм и дэтхэнэ пкъыгъуэри зэманым щы­пашэ гупсысэхэр Iуэтэным хуеузэд. Аращ ПащIэм и усэр нобэм щIиб­лагъэ дыдэр; ар я нэхъ усэ «щIэ­рыпсми» къарурэ дахагъэкIэ поуэ, я нэхъ «зыкъизых» фащэхэми фагъуэ щIэхъукIыркъым. АркъудеймкIи нэ­рылъагъущ лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ художественнэ Iэмэпсымэхэм нэмыплъ епт зэрымыхъунур, IэкIуэлъакIуэу къэбгъэсэбэпмэ, ахэр нобэм и купщIэр къриптIэщIынкIэ Iэмал гъуэ­зэджэу зэрыщытыр.
Бэчмырзэ и усэм и пщIэмрэ и мыхьэнэмрэ щыплъытэкIэ, зыщыгъэгъупщэн хуейкъым ар цIыхубэм и гущIэлъапсэм къипсэлъыкI, абы и ­гукъеуэмрэ гуауэмрэ куууэ зы­хэ­зыщIэ, IупщI дыдэу зыIуэтэф усакIуэу зэрыщытар. Апхуэдэ усакIуэм и гур зэи мыужьых мафIэщ, зи бзийр зэи мыункIыфI, зи хуабэр зэи мы­кIуасэ нэхугъэщ, сыту жыпIэмэ ар езы цIыхубэм игущи. ЦIыхубэм и гур нэщI щыхъуа къэхъуакъым, ар сыт щыгъуи гъэнщIащ угъурлыгъэрэ ­дахагъэкIэ, IэфIыгъэрэ къабзагъэкIэ.
Пасэу къыщыушащ Бэчмырзэ и гущIэм япэ пшыналъэр. УсакIуэм хуэзэу щыта гуэрым Бэчмырзэ мыр къыхуиIуэтэжыгъащ: «…Ар къызэрыхъурэ куэд щIащ, сэ хъыджэбз гуэр фIыуэ слъагъурт… Cэ сыкъулейтэкъым, хъыджэбзыр унагъуэ къулей къыхэкIат. Сылъыхъури, къызатакъым… Къесхьэжьащ, арщхьэкIэ страхыжащ. СыбампIэу щIэздзащ, си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыжащ… Махуэ гуэрым, бампIэм сиубыдауэ, кхъэм сихьащ, дунейм ехыжа си шыпхъум и кхъащхьэм зытезуб­гъуэри сыгъыурэ сыIурихащ… Пщы­хьэщхьэ хъуауэ сыкъызэщыури - зэ­рыхъуари сщIэркъым - гъыбзэ сыусу сыхуежьащ…»
Бэчмырзэ и закъуэтэкъым бампIэр - бампIэм ихьырт усакIуэм и жыIауэ, «къыр дурэшхэм  лъап­цIэрыщэу   дахуэжа» гуа­щIэрыпсэухэри. Абыхэм я губжьымрэ бампIэмрэ Iуэтэнырщ Бэчмырзэ и усэр къы­зыдэушар.
Гъуэгуанэшхуэ зэпичащ а усэм, лIыныбжь и нэгу щIэкIащ. ГъыбзэкIэ къыщIидзэри, Бэчмырзэ и усэр нэсащ цIыхубэм я гупсысэ жаныр щыхъуэпскIа зэман телъыджэм.
Бэчмырзэ и усэр гъэнщIащ езыр зыщыпсэуа дунеймрэ зэманымрэ я пэжыпIэкIэ. ЛIыныбжь къэзыгъэщIа усакIуэ щэджащэм и нэгу щIэкIащ мэкъумэшыщIэ къулейсызым и дуней Iыхьэр, и щхьэкIэ игъэунэхуащ а дунейр IэфIрэ дыджрэ. Пасэ дыдэу зыхищIащ абы лIыщIапIэм ит цIыху гуащIэмащIэм и «насыпыр». А «на­сыпым» къыдэушащ Бэчмырзэ и усэр.
Къэрмокъуэ  Хьэмид.

«Бэчмырзэ  и  мывэ»

Тыркум Iэпхъуэжа адыгэхэм я Iуэхур щыгугъам къыщыщIидзакъым. Абыхэм я щхьэр здахьынур ямыщIэу къэнащ. Къэралым щытепщэ феодально-крепостническэ зэхущытыкIэм гуащIэрыпсэухэм ­къахуихьыр мыгъуагъэт. Езы Тырку дыдэр къапщтэмэ, и щхьэ игъэпсэужыфыртэкъым ар зэрыт эко­номическэ, политическэ щытыкIэ хьэлъэм къыхэкIыу. ПсэукIэ мыгъуэр, псэукIэ дыджыр щахуэмыхьыж щыхъум, адыгэхэр ­щалъхуа я хэку къеIэжу щIадзащ. Гува-щIэхами, Тыр­кур псэупIэ зэрахуэмыхъунур къыжаIэу адыгэ иIэп­хъукIахэм къахэкIа къулыкъузехьэхэм, щIэныгъэлIхэм зэкъым-тIэукъым псалъэмакъ къызэраIэтар, ауэ абыхэм я Iуэхум къикIа щыIэкъым, жаIэр щыжаIэм къыщынэжа мыхъумэ. Апхуэдэ щытыкIэм къыхэкIкIэ Тыркум щыпсэу адыгэхэм ящыщ зыкъомым нэгъуэщI хьэрып къэ­ралхэмкIэ зрагъабэ. Зыкъомыр Сирием, нэгъуэщIхэр Иорданием мэIэпхъуэ. КъыжыIэн хуейщ адыгэхэм «я кIэн» мы къэралхэм къызэрыщимыкIар. ПсэупIэу къыхуагъэфэщар, хапIэу къратар щIы пша­хъуалъэт.

Абыи ПащIэ Бэчмырзэ щы­хьэт темыхъуэу къэнакъым. 1969 гъэм и август мазэм Дамаск щыпсэу адыгэ щIалэ Хасан-Али паша (и унагъуэцIэ дыдэр Гъуэгунокъуэщ) хъыбар зэрыдигъэщIащи, Бэчмырзэ Тыркум щилъэгъуамкIэ арэзы мыхъуу, Сирие къэралымкIэ иунэтIащ, ар псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм «яшх», «я дуней», «я натIэм къритха» зэхихуну. Гъуэгу зытетар умыбжмэ, ПащIэр Сирием зэрыщыIар зы тхьэмахуэ зэхуакущ. Бэчмырзэ Сирием щыкIуам япэу цIыхугъэ къыхуэхъуари иужькIэ зи хьэщIари Хьэнзиуан жылэм и унафэщI, абы и тхьэмадэ ТIамыжьыкъуэ Хьэжыщ. Бэчмырзэ и саулыкъукIэ ТIамыжьыкъуэ ерыскъы Iэнэ иIэтащ икIи адыгэ жылэ къедзахэм хъыбар ирегъащIэ «адыгэпс ефа цIыху» хьэщIэу зэриIэмкIэ. «Ду» жиIэу жылэр зэхуос. УсакIуэр хуабжьу къагъэлъапIэ. Иужьым Бэчмырзэ гъусэ иIэу шыуанэ зэтелъкIэ Сирием щыIэ адыгэ къуажэхэр къызэхекIухь. Псалъэм папщIэ, ПащIэр щыIащ Хъышней, КъунэтIырэ, Хьэнзиуан, Барикъэ жылэхэм.
Сирием зэрыщыIэн хуей пIалъэр къыщысым, ПащIэр ­гъуэгу къытоувэж. И хэкуэгъухэм сэлам ярихыжкIэрэ, Бэчмырзэ абыхэм яжреIэ: «ХапIэу къыватар, фытепсэухьыну фызыщыгугъыр щIыгу хъарзынэкъым, иджыри къэс цIыхуIэ зэмыIусащ, ямылэжьа щIыпIэщ. ЩIы щхьэфэм щIыуэ телъыр мащIэщ, щIыпIэр мывалъэщ, и лъэгум псыр пэжыжьэщ. А сэ сывгъэлъэгъуа щIыгум жыжьэ фынихьэсынкъым. Мывэщ, мывэщ, дэнэкIэ бгъазэми мывэщ». Къызэхуэсахэм я Iуэху зытет ирипсэлъэну усакIуэм ахэр къегъэгугъэ икIи икърар ещI къызэрелъэIуа псомкIи лъэкI къимыгъанэу, къалэн къыщащIар зэрыхузэфIэкIкIэ ­игъэзэщIэну. IуэхутхьэбзэкIэ ПащIэм зыкъыхуэзыгъазэхэм ящыщщ ТIамыжьыкъуэ Хьэжы, Жэмыхъуэ Сэфэрбий и адэр (лIым и цIэр къытхуэщIакъым), нэгъуэщIхэри. ­Къущхьэ Мыхьмуд-кIыхь къызэриIуэтэжымкIэ (Мыхьмуд нобэ зи ныбжьыр нызэрыхьэса адыгэ лIыжьщ. Дамаск щопсэу), мыбыхэм я Iэпхъуамбэшхуэхэр мыхъур папщIэу тегъэуащ Бэчмырзэ къыздихьа письмохэм, лъэIу, тхьэу­сыхафэ тхылъхэм.
ПащIэ Бэчмырзэ Сирием щыщыIам здэкIуа адыгэ жылэхэр иджырей административнэ гуэшыкIэмкIэ зыхиубыдэр Джолан щIыпIэрщ. Мы щIыпIэм зэи адыгэхэм я псэ щагъэтIылъакъым. Псом хуэмыдэу хъерыншэ щIыгур Хъышней здэщысымрэ абы и Iэшэлъашэхэмрэщ. Хадэ ­халъхьэну, гъавэ щащIэну щыхуежьэкIэ, Бэчмырзэ и псалъэхэу «Мывэщ, мывэщ, дэнэкIи мывэщ» жыхуиIар хъышнейдэсхэм куэдрэ ягу къокI, уеблэмэ Хъышней щIыналъэм, абы къедза щIыпIэ гуэрым цIыхухэм фIащауэ зэреджэр «Бэчмырзэ и мывэщ».

Пщыбий  Инал,
профессор.

Псалъэгъэпсахэр

ЩIэнакIэ

УсакIуэм ипхъу Локъан пхъэ икъутэу, щIалэхэр Iуэхуншэу зэхэсу, Бэчмырзэ пхъэ къишауэ щыдыхьэжым, пыгуфIыкIри, мыр жиIащ:
ЛIыжь жьакIэхум пхъэ къырагъашэ,
Хъыджэбз зишэгъуэм ирагъэкъутэ,
ЩIалэ ут гупым ирагъэгъэс.

ЩIалэхэм зэреущие

Бэчмырзэ игу иримыхьын щIалэхэм ядилъэ­гъуам, ящIэмынакIэу, мыпхуэдэу еущиенкIэ ­хъурт:
Къомыджэ гуп умыкIуэ,
ЩхьэхуэкIуэ фадэ уемыфэ,
Къэфэрей Iэгу ухуемыуэ!

Хъыджэбзхэм зэреущие

Псалъэу дыхьэшхыж,
Шхэуэ зи дзэ зымылъэщIыж щIалэ фыдэмыкIуэ!

Къылышбий жылэм яхужиIар

Къылышбий къуажэр 1865 гъэм щызы­гуагъэхьам щыгъуэ хьэблибл хъууэ щытащ, абы щыщу къэнэжар мыращ:

Агъзыгъейр мэдыгъуэ,
Къылышбий хьэблэр йоджэ,
Хьэуд къуажэр мэджэгу,
Къесын хьэблэр мэлажьэ,
ГъукIэжьейр мэгъуэгурыкIуэ.
Мыри:
Агъзыгъейр ефэнды хуэмыщщ,
Iэхъуэ зэхъуэкIщ,
Джэдэщ хуеплъэкIщ,
Шы лъэгу щIэплъэщ
(дыгъущ жыхуиIэщ).

Усыгъэхэм щыщ  IэрытхитI

Дэтхэнэ зы лъэпкъми и тхыдэм иIэщ къызэтрамыха напэкIуэцI куэд, ауэ адыгэм и тхыдэр къызэIуа­мыха тхылъщ. Абы и щыхьэт наIуэщ ПащIэ Бэчмыр­зэ и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ. Дыджт Бэчмырзэ и натIэм къритхар. Езым и гъащIэм хужиIэжа хуэдэт: «ЦIыху натIэм итыр щратхъыж махуэщ». А цIыху щэджащэм и гъащIэр, псом хуэмыдэу езым итхар и кIэм нэсу къэхута хъуауэ тхужыIэнукъым, абы теухуа тхыгъэ щхьэхуэхэр щыIэ пэтми: Шортэн А., Теунэ Хь., Нало З., Пщыбий И., КIурашын Б., сымэ я тхыгъэхэр. ПщIэ лей яхуэфащэщ Пщыбий Иналрэ КIурашын БетIалрэ. Ауэ мы зэм зи цIэ къитIуэхэм ­къагъэлъэгъуар ПащIэ Бэч­мырзэ и творчествэм теу­хуа­уэ зы нэзщ. Нобэр къыздэсым а цIыху телъыджэм и гъащIэри и тхыгъэм и ­пэ­жыпIэри щыубзыхуауэ адыгэ литературэм тхыгъэ хэткъым. Нэхъ зэгъэпэща хъуа тхылъыр къыщыдэкIар 1963 гъэрщ, Шортэн Аскэрбий игъэхьэзырауэ. А тхы­лъым иужькIэ куэди къа­гъуэтыжащ, дымыщIэ зыбжани наIуэ къэхъуащ, ауэ иджыри къыздэсым зыри хунэсакъым а тхыгъэхэр зэ­хуэхьэсауэ дунейм къытригъэхьэну. ПащIэ Бэчмырзэ и творчествэм езы адыгэхэр нэсу щыгъуазэкъым, дуней псом ар дауэ къацIыхун?!
КъБНИИ-м и архивым хэлъщ ПащIэ Бэчмырзэ и литературэ щIэиным щыщу къэнэжар, Теунэ Хьэчим зэрытригъэчыныхьымкIэ, ар сатыр минитI хъужуращ, мин 14-м щыщу. А фондым хэлъщ Бэчмырзэ и Iэрытхыу къэна тIэкIури: усыгъитIым я пычыгъуэхэр.
Ауэ мы пычыгъуитIым я гугъу тщIын ипэ къихуэу, нэгъуэщI зыгуэрми сытепсэ­лъыхьынут. Адыгэ интеллигенцэ жыхуаIэм ящыщ гуэрхэм лъабжьи щхьэкIи имы­Iэу ирагъэкIуэкI ПащIэ Бэч­мырзэ щIэныгъэншэу щытауэ. Мызэ-мытIэу Нало Заур тепсэлъыхьащ а псалъэмакъ мышум кIэ етын зэрыхуейм, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, езы Нало Заур зэпкъырыхауэ иубзыхуркъым апхуэдэ псалъэмакъым кIэ зэрептыну щIы­кIэр. Девгъэплъыт Бэчм­ыр­зэ зыпыщIауэ щыта цIыху­хэм, нэхъ и кIуапIэу щытам.
(Ар иджыри тхылъ зэтрамыхащ). Бэчмырзэ ныб­жьэгъу пэжу иIар Лъеиншэ Мысостщ. Мысост Санкт-Петербург дэт университетыр юристу къиухауэ щытащ, щIэныгъэлIт, уэркът. Шэч хэмылъу, Бэчмырзэ уры­сыбзэкIи тхэуэ езыгъэсар Лъеиншэ Мысостщ. Езы Мысост ныбжькIэ фIыуэ ­нэхъыжьми, Бэчмырзэ ныбжьэгъу пажэу илъытэрт («…Бэтэгъэ лъэгум фызыжьхэр щобгэ, Лъеиншэ ябгэр зэ­рызимыIэт…»)
АдэкIэ, ПащIэ Бэчмырзэ и адэшхуэ Аслъэнбэчышхуэ-хьэжыкIэ зэджэр (ГъуэгунокъуэкIэ еджэуи щытащ), Къэбэрдейм и закъуэ мы­хъуу, хьэрып лъэныкъуэмкIи къыщацIыху еджагъэш­хуэт, КъурIэныр къабзэу зэ­ридзэкIыфырт, хьэры­пыб­зэр фIы­уэ ищIэрт. Бэч­мырзэ и ­къуэш нэхъыжь Хьэж­мырзэ хьэжышхуэт, мызэ-мытIэу хьэжыщI кIуауи жаIэж. ПащIэм и анэ къилъхуауэ (Бэчмырзэ къэ­зылъхуар Слъонхэ япхъут) адэкIэ зырызу къуэшитI езым нэхърэ нэхъыжьу яIащ: Щэмел-хьэжырэ Хьэжумаррэ - тIури еджагъэш­хуэт, хьэ­рыпыбзэрэ тыр­кубзэрэ къабзэу ящIэрт, ­КъурIэныр тыншу адыгэбзэкIэ зэрадзэкIыфырт. Зыми шэч къыт­рихьэу ди гугъэкъым ПащIэ Бэчмырзэрэ академик С. Н. Джанашиа­рэ я зэныбжьэгъугъэм. ­Дигу къэ­дывгъэгъэкIыжыт: «Кавказ Гупэм сыкъикIыжа ­къудейщ. Сэ сыщыIащ Къэ­бэрдейми Дагъыстэнми, Нар­тан къуажэм сыщыIащ. Абы сыкIуэнкIэ щIэхъуар зы лIыжь гуэрым и гъащIэр зэрысфIэхьэлэмэтырщ. ПащIэ Бэчмырзэ ипэ­жыпIэкIэ гу зылъозыгъатэ цIыхущ. Илъэс 72-м и ныбжьыр итщ… Усыгъэм пылъщ, астрономием щыщ гуэрхэми я Iуэху зэрехуэ. Дэ тIур апхуэдизкIэ ныбжьэгъу дызэры­зэхуэхъуар псалъитI-щыкIэ жыIэгъуейщ…»
АтIэ дауэ жыпIэ зэрыхъунур ПащIэр щIэныгъэншэу щытауэ, апхуэдэ цIыхухэм ябгъурыту е къыщхьэщы-   ту къэгъуэгурыкIуауэ? Дауэ апхуэдиз акъылрэ губ­-  зы­гъагърэ зыбгъэдэлъа ­цIы­хур набдзэгубдзаплъэу щы­мытауэ зэрыпIуэтэнур? Псори къыдогъанэри, дауэ ­щIэ­ныгъэ лъэпкъ зыб­гъэ­дэмылъ цIыхур тIысу езым зэхилъхьэжа алыфбейкIэ зэрытхэфынур?! Бэчмырзэ и тхыгъэхэр газетхэм ихьу щытащ трыригъэдзэну (еплъ ПащIэм и зэманым псэуахэм я гукъэкIыжхэм). А жытIа псом къикIыр мыращ: ПащIэ Бэч­мырзэ урыс алыфбейри ­латинри къигъэсэбэпурэ тхэрт. Мыбдеж дэ зыгуэр къэдгупсысу е хуэдгъэфащэу фи мыгугъэ: ди краеведческэ музейм щахъумэ Бэчмырзэ и тхыгъэ зытет тхылъымпIэ кIапэхэр; а тхыгъэхэм, урысыбзэкIи адыгэбзэкIи тхахэм, ПащIэм урыс алыфбейр къыщигъэсэбэпащ. Латин алыфбейри ПащIэм, шэч хэмылъу, ищIэрт, латин хьэрфкIэ Къэбэрдей псор тхэуэ щыщытакIэ, Бэчмырзэ абы зэрыблэмыкIынури гу­ры­Iуэгъуэщ.
Ауэ хьэрыпыбзэр ПащIэм фIыуэ зэрищIэу щытам зыми шэч къытримыхьэми ­хъунущ. Абы и щыхьэтщ ПащIэм и Iэрытх КъБНИИ-м щIэлъыр. Мы тхыгъэм Бэчмырзэ къыщигъэсэбэпащ хьэрып алыфбейр.
ЗэрытщIэщи, лIы Iущ куэд елэжьащ адыгэ алыфбей зэхалъхьэну: урыс, хьэрып, латин хьэрфхэр лъабжьэ ­хуащIу. Апхуэдэу Цагъуэм­рэ Дымымрэ хьэрып алыфбейр и лъабжьэу адыгэбзэкIэ газет, тхылъ къыдагъэкIыу щытащ. Ауэ ПащIэ Бэчмырзэ адыгэбзэм и алыфбей зэхилъхьар Ца­гъуэмрэ Дымымрэ яйм зыкIи зэрыбгъэдэмыхьэр нэ­ры­лъагъущ. Мис мы Iуэ­хугъуэми теухуауэ ди щIэ­ныгъэлIхэм зыгуэр ящIэну ­хуеймэ - зи щхьэ темыча кIадэщ.

Хьэщыкъуей  Фрося.

 

ХьэIупэ ДжэбрэIил

УситI, си адэшхуэм и фэеплъу

*    *    *
I
Бэчмырзэ мазэм мызэ зэреплъар,
И плъэкIэ нэхур пшэхум хэджэгукIыу.
Бэчмырзэ зэи хьэлу хэмылъа
Зыхэплъэ хьэршым зэшу теплъэкъукIыу.

Бэчмырзэ мазэм мызэ зэреплъар,
Езыр щихушхуэу щIышхуэм нытекIыкIыу.
ЩыукIытэжу и гум IэфI илъам,
Iурылъ и псалъэм гугъэр, псэр хипIыкIырт.

Бэчмырзэ мазэу езыр къэунэхут,
Игу щылыд щэхухэр цIыхум ялъэIэсым,
Насыпыр, дауи, цIыхум укъищIэхущ!
И махуэр жэщ къищIыжырт къырапэсым.

II
Щагъэсым «Дыщэ пхъуантэр» - уафэр гызт,
КъатибгъукIэ зэIэбэкIти, уи псэм лъыхъуэрт,
Къэпхъуэпса псор иджы мо хьэршым изщ!
Зэм пшагъуэу, гъуэзу къыдохьэж Жэмжьыкъуэ.

Псэ къабзэ зиIэм лъэпкъыр хуэмысакъ!
Хунагъэсакъым Алий и тхьэрыIуэм…
ЗэIуха и гур хашэу емысат!
ЩIэхъуэпсти уафэм зыхуишийт тхьэрыкъуэу.

Бещтокъуэм нобэ жылэ хухэфсар
Сатыр зырызу хьэршым хеухуанэ,
Анэдэлъхубзэм фэ къыхуэфхъуэпсар
Псэм къабзэу щезыр, мазэр и кхъузанэу.

*    *    *
Сядэшхуэм Iущащэу къикIухьырт,
Хьэрш гъуэгур щIыунэм щиубзыхут,
Iумахуэт, акъужьу гум дыхьэ
И псалъэм салъкъыныр къыхихут.

Гупсэхуу псы фалъэ ефамэ,
Фэрныплъу и щIыфэр дэтхытхт.
Дыхьэшхым е мащIэу гуфIамэ,
И нитIым псэ хъуахуэ къыщIихт.

Зэхихт къиIущэщыр щиху щхьэкIэм,
АмкIыщу пэджэжырт дунейм.
Уэрэдым гыз макъыу къыщыпкIым
И хъуаскIэм дэпщIыпщIт алыфбейр…

Беящ Къэбэрдейр сыт ищIыскIи!
Иджы къэнэжам езгъэу псэр
Жэщ-махуэ къэсыхукIэ къыщIэскIэм
Уэзджынэу поджэж сIурылъ бзэр.
1990

ПащIэ Бэчмырзэ

*    *    *
Зэманыр псынщIэу йокIуэкIыр,
И гупкIэм дису дыздешэр.
Гъуэгу быркъуэшыркъуэу дыздэкIуэм
ДеудыныщIэ мычэму.
А гупхэм дису дыздэкIуэм,
Дыкъыпыхунущ зэгуэрым.
А щIыгу сызытехуэм и дежыр
Къызахъуэжынущ сэ мащэу.
Абдеж щIалъхьэнущ си хьэдэр
ДыркъуэщIэ щIыщхьэм ищIынущ.
ХъуэпсапIэ дапщэ сиIами,
IэщIыб абдежым щыхъунщ!

*    *    *
Лэгъунэ пэшу дуней дахащэр
Щхьэхуещэ гупым зэтыракъутэ,
Утыку ихьамэ - хьэуэ зэрошх,
Шхыдафэ защIурэ пэжыр щIахъумэ.
Iэнэ техъуахъуэ-Iэнэ техъуанэщ,
Апхуэдэр куэдщи цIыхур токIуадэ!
Апхуэдэ гъащIэм си хьэр тиджагуэ,
Апхуэдэ уджми сыхыремыхьэ.
Уей зэманыжьурэ шыдыгъужь кIуэкIэ,
ЕмыкIур екIуу зылъытэ,
Тутыр къуршыр IейкIэ уогъэтхъу,
Уэ уи хъыринэм ещIэр мэунэхъу.
Хъун лъэпкъ жомыIэу гъащIэр соух,
Си хьэдырыхэри къысхуогъэIэгъуэ.

УIущмэ, жэщми гупсысэ

У-Ленин Iущмэ, жэщми гупсысэ,
Дыгъэр къыщепскIи умыуфIыщI.

Сталин гупыр зыбгъэдомышэ,
Дызыхуашэнури сыткIэ къэпщIэн?

Къалмыкъ и къуэжьыр мы ди псэм къощэ,
Фонащэ мыхъукIи зыдегъэгъэнщI,

ЗанщIэр уи гъуэгумэ, уи гуп сыхэшэ,
Гъуэгум сытепшмэ, зыкъомыгъазэ.

Чэбэм зигъазэми уапэмыуви,
Мо лей къэзывхэм домыгъэдаIуэ.
 
Жыгыр къэгъагъэмэ, дыщогуфIыкI

Дунеижьыр Iейщи, къызэтокъутэ,
Ядэзыкъутэми ар и IэнатIэщ.

ЦIыху натIэм итыр щыратхъыж махуэщ,
Тхьэм и гъэмахуэри зымыдэж лIакъуэщ.

Аслъэным и къуэри зэрагъэшынэщ,
МаршынэрыуэкIэ Налшык къахьыж.

Уанэмрэ джатэмрэ щыфIадзэж махуэт,
ЛIыгъэ щагъэунэхури пылимотышэщ.

Пашэ къытхуащIри Ленин къыфIащ,
Зи фIэщ мыхъуахэри къытхуегъэтут.

ИжькIэ тесахэри къырегъэпсыхри,
Я псэр щыхихкIэрэ пащтыхьыр йощ.

Назир къыкъокIри чытап къытхуоджэ,
И адэр кIэлъыджэурэ и къуэр ныдеш!

И псэр уотхьэкъури зауэм хыбошэ,
ДыкъыщыпшэжкIэрэ сытыр Iэрылъхьэ?

Си хьэсэр совэри жылэр тызосэ,
Мы дуней къавэми сытыр тепса?

Ди пщыр къепсамэ, дымытэджыж,
Джатэр къыщитхми уи цIэр жыдоIэ.

Я щIымрэ псымрэ къытхуогъэлъагъуэ,
Мэчэм и лъагъуэми дыкъытыбош.

Жыгыр къэгъагъэмэ, дыщогуфIыкI,
КъыпыкIэн тIэкIумкIи тхьэм дыщогугъ.

СыткIэ дыгугъэрэ, Къэтхъэным и къуэ?
Къэзакъым и къуэм уи щIыб хуомыгъазэ.

 *    *    *
Къэрабгъэр щIэшынэр ажалщ,
Хьэлэлыр зэрыпщIэр и хабзэщ,
Губзыгъэр зэрыпщIэр и Iуэхущ,
Делэм куэд ищIэу къыфIощI.
ЗымыщIэр егугъумэ, цIыхуфIщ.
ЗызыфIэщI къэпIэтмэ, пщы зещI.
Зи щIыпIэ хуэубэ бгъуэтынкъым,
Дыкъмыкъыр ебгъафэм, мэудафэ.
Унафэр Iущмэ, захуагъэр къехь.
Iыхьэ зимыIэр мылажьэрщ.

*    *    *
Ныбаблэр умыгъэгуашэ,
Уи япэ джэлам ущIэмынакIэ,
Уи кIэ къихуэр ауан умыщI,
УмыщIэ Iуэхум щытхъу хуомыщI,
ЗыхомыщIыкIым утемыпсэлъыхь,
ПщIэ зыхуэпщIыр къыпщхьэпэнщ.
ЦIыхур Iущым жэрдэм дэщI -
Ахэр гъащIэм и хабзэфIщ.

ПащIэ Бэчмырзэ. 1936 гъэ

Бэчмырзэрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ. 1930 гъэ

 

Поделиться:

Читать также: